Спорт

Бэнэныгъэр иджыри йокIуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэхэр и кIэм нэблэ­гъащ. ТIощIрэ ебланэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэпэщIэтыныгъэхэр ­тхьэмахуэ блэкIам республикэм и щIыпIэ зэмы­лIэужьы­гъуэхэм щызэхэтащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщ­хьэр къэзыхьар тхьэмахуэ ипэкIэ наIуэ хъуами, дыжьын медалхэм папщIэ бэнэныгъэр иджыри йокIуэкI.
 

Топджэгур зи гъащIэхэр

(КъыкIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 27 къыдэкIыгъуэм тетщ.)

«Хапоэль»-м (Израиль) и гъуэр зыхъума Биджий Хьэсэнбий

Налшык и «Спартакым» и гъуащхьэтету 1983 гъэм джэгун иригъэжьащ икIи зэIущIэ 52-м абы и гъуэр ихъумащ Биджий Хьэсэнбий. ИлъэситI дэкIри, дзэм къулыкъу щищIэну здраджа Дон Iус Ростов и СКА-м хагъэхьащ.

Топджэгур зи гъащIэхэр

Топджэгур, шыгъажэмрэ бэнэнымрэ хуэдэу, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ спорт лIэужьыгъуэу пхужыIэнукъым. Илъэсищэ ирикъуркъым а джэгукIэр ди щIыналъэм къызэрырахьэрэ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу хуабжьу зиубгъуащ икIи цIыху миинищэхэр дихьэхащ.

«Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ»

«Ладья» шахмат-шашка клубым шахматымкIэ щекIуэкIащ Иуаз Астемыр и «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» зыфIища и проектым и япэ Iуэхур. Мы гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм абы ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агенствэм и грант къыщихьащ. Iуэхур хуэунэтIащ зи узыншагъэ хуримыкъу сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гулъытэ етыным, ахэр шахматым дегъэхьэхыным. 

Кавказ мамыр

Владикавказ дэт «Манеж» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ XI урысейпсо щэнхабзэ-спорт фестиваль зэIуха. «Кавказ мамыр» зыфIаща зэхыхьэм хэтащ Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм, Абхъазым, Осетие Ипщэм къикIа, зи ныбжьыр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 16-м нэблагъэ спортсмен минрэ ныкъуэм щIигъу.

ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ

Агропромышленнэ комплексым и щIэгъэкъуэну щыт «Урысейм и Мэкъумэш банкыр» фермерхэм я закъуэкъым зыдэлажьэр, атIэ студентхэми а лъэныкъуэм хуэунэтIа урысей еджапIэ нэхъыщхьэхэми лэжьыгъэхэр драгъэкIуэкI. КъищынэмыщIауэ, къэщIэзыгъэкIхэмрэ АПК-м и бжыгъэр зи лъабжьэ хэкIыпIэхэр къэзылъыхъуэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр утыку яхуохъу. А Iэзагъым и фIыгъэкIэ унэтIыныгъэм зыужьыныгъэшхуэ егъуэт.

«Дзюдор - школхэм»

Ислъэмей дэт курыт еджапIэр къэзыуха, Астрахань областым дзюдомкIэ зэгухьэныгъэм и вице-президент Тагиров Ибрэхьим и жэрдэмыр даIыгъыу «Локомотив» зэгухьэныгъэм спонсор мылъку къагъэсэбэпурэ дзюдомкIэ секцэ къыщызэIуахын спорт пэшыр къызэрагъэпэщыжащ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ.

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми щыщ, зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуа спортсмен 300-м нэблагъэ. 

Спорт лIэужьыгъуэр къощIэрэщIэж

Аруан районым щекIуэкIащ картингымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэхэр. 

ЗэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэу

Мэзкуу къалэ дэт ЦСКА-м и атлетикэ псынщIэ-футбол комплексым щекIуэкIащ Поддубный Иван и фэеплъу спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэм хиубыдэ сабийхэм я зэIущIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым алыдж-урым, бэнэкIэ хуитхэмкIэ и спортсмен ныбжьыщIэхэм зэпеуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 9 щызыIэрагъэхьащ, абыхэм ящыщу 7-р дыщэу.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт