ЩIыналъэхэм я чемпионхэр

Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футбол академиехэмрэ спорт школхэмрэ я ныбжьыщIэ командэхэм  я зэхьэзэхуэр иухащ. Ди республикэм щыщу Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ олимп резервым и школ хэхар, «Спартак-Налшык» ПФК-р, «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэр.
Мы гъэм гуп нэхъыщхьэм и командэхэм яхэту саугъэтхэм щIэбэнащ щIыналъэхэм  я футбол академиехэр, олимп резервым и училищэхэр, футбол школхэр. КIэух зэIущIэхэм хэхуэн папщIэ зыхэт гупым япэ увыпIэр къыщахьыу итIанэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щытекIуам дэджэгун хуейт. Абыхэм яхэтащ Ростов областымрэ  Краснодар краймрэ я командэ лъэщхэр.
Япэ Iыхьэм КИФЩI-м и командэ II-м щызэпэщIэтащ, «хэгъэрейхэри» «хьэщIэхэри» пхъэидзэкIэ къыхахри. Дэтхэнэ зы гупми зэIущIэ пщIырыпщI ирагъэкIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм я джэгукIэр щагъэувыфакъым гупым иужьрей увыпIэр къыщызыхьа «Iэпщэм и цIэр зезыхьэ СШОР»-м. Турнир таблицэм и кум къыщыувыIащ «Спартак-Налшык» ПФК-р. Пашэныгъэр иубыдащ «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэм.  
Япэ къекIуэкIыгъуэм иужькIэ I-4-нэ увыпIэр гупым  къыщызыхьахэр езыр-езыру иджыри зэпеуэ ирагъэкIуэкIыжащ. Очко бжыгъэхэм абыи пашэныгъэр щиубдащ икIи КИФЩI-м и чемпион хъуащ «Школа №3I-ФШ «Налшык» гупыр. Ди щIалэхэм къызэранэкIащ Каспийск и «УОР-Дагъыстэн»-р, Владикавказ и «Алания»-р, Грознэ къалэ футболымкIэ и «Рамзан»  академиер.
Иджы Урысей Федерацэм и чемпионатым и финал зэхьэзэхуэхэм хэтын папщIэ ди щIалэхэр текIуэн хуейт Ипщэ федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэр щызыубыда Краснодар крайм футболымкIэ и академием.  ЗэIущIэр ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм бжьыпэр иубыдащ, арщхьэкIэ топ дагъэкIыным хунэсакъым. Контратакэхэм ящыщ зым Краснодар и футболистхэм къыщалэжьа штрафном ехъуэлIэныгъэ къахуихьащ икIи хьэрхуэрэгъухэм бжыгъэр къызэIуахащ.  
Япэ Iыхьэм иужькIэ ди командэм и тренерхэу  ГъуэплъащIэ Аслъэнрэ Лобжанидзе Гиерэ ирагъэкIуэкIэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ етIуанэ Iыхьэм налшыкдэсхэм щIакъузэжащ. Куэд дэмыкIыу бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ ХьэшкIул Астемыр. ПсынщIэ дыдэу, къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа «Школа №3I-ФШ «Налшык»-м и гъуащхьэхъумэ Хэжь Астемыр щхьэкIэ еуэри ди щIалэхэр япэ иригъэщащ. ЗэIущIэм и зэман нэхъыщхьэм судьям къыщIигъуа дакъикъиплIым я иужьрейм краснодардэсхэм бжыгъэр 2:2-м хуагъэкIуэжащ.
ТекIуар щызэхэкIынур пенальтихэрат. Краснодар и командэр япэу зэуа топым ди гъуащхьэтет Тхьэгъэзит Хьэзрэт къригъэгъэзащ. Абы гушхуэныгъэ къызыхилъхьа налшыкдэсэр 4:2-уэ я хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм я чемпион хъуащ. Иджы ахэр хэтынущ къэралым и командэ нэхъыфI I2-м я урысейпсо зэхьэзэхуэм и финал зэIущIэхэу 2022 гъэм и гъэмахуэм екIуэкIынум.
Ди ныбжьыщIэхэм я текIуэныгъэ иным гугъэ уегъэщI республикэм футболымкIэ къэкIуэн дахэ зэриIэм. Футболист щIалэщIэхэр щагъасэ ЦIагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ школ № 3I-мрэ (унафэщIыр Егъуэжь Анзорщ) Олимп резервым и спорт школымрэ (унафэщIыр Хьэмгъуокъу Муратщ).
 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: