Шыбзыхъуэ Залинэ и IэрыкIхэр

Зэманым декIу! Апхуэдэу хужысIэнт Шыбзыхъуэ (Шишман) Залинэ. Инджылызыбзэм хуеджащ, иролажьэ. IэпэIэсэщ - адыгэ пщащэхэм зэрызагъэдахэ лэрыпсхэр ещI. Шыбзыхъуэ Залинэ ди лъэпкъым и шыфэлIыфэр зыхъумэхэм ящыщщ.

IэщIагъэр

- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ФилологиемкIэ и институтым инджылызыбзэмкIэ и къудамэр 2000 гъэм къэзухащ. Университетым егъэджакIуэу сыкъэнэжри, илъэсипщIкIэ сыщылэжьащ. ИтIанэ, Белгород университетым и къудамэу Налшык дэтым Гуманитар, щIэныгъэ, правовой егъэджэныгъэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу сыкIуащ. А IэнатIэм илъэсищкIэ сыпэрытауэ, бын дгъуэтри, лэжьыгъэр къэзгъэнащ. 2016 гъэм щегъэжьауэ КъБКъУ-м Хамэ къэралыбзэхэр щадж и центрым щылэжьэн щIэздзащ. ЕджапIэр къэзухауэ зи инджылызыбзэм хэзыгъахъуэ, квалификацэ зэзыгъэгъуэтхэм садолажьэ.

Сабиигъуэм къыздисха хъугъуэфIыгъуэхэр…

- Унагъуэ уэршэр, дадэ-нанэ уэршэр! Си сабиигъуэм къыздисхащ ар - адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм къытхалъхьащ. Апхуэдэ уэршэрыр, хъыбарыжьхэр жьэрыIуатэбзэ тхыдэщ. Ар иджыпсу зэхэпхыжыркъым куэдрэ. Ятхыжауэ тхыдэ хъужар фIыщ, ауэ уэ езыр убгъэдэсу узыщIэдэIур - ар хъугъуэфIыгъуэ дыдэщ. Сабиигъуэм къыздисхауэ къыщIэкIынущ мис а иджыпсту сызэлэжьхэри. Сэ сыщеджар инджылызыбзэр щытепщэ школти, ар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ а бзэр зджыну, IэщIагъи схуэхъужыну. ИтIанэ дэр-бзэрыныр, сызэрыджэгу хьэпшыпхэр згъэщIэрэщIэныр сфIэфIти - бзылъхугъэм зэрызигъэдахэ сщIыну сызэрегупсысар абы къыхэкIагъэнщ…

Лэрыпсхэр, тхьэгъухэр, бгырыпххэр…

- Сэ IэкIэ зыгуэр сщIыну сфIэфIт сыт щыгъуи, узэпэщэщ - узэлIалIэ гуэр. Декрет укIуэу лэжьыгъэм укъыпыхуа нэужь, зэман лей уиIэкъым, дауи. Ауэ уи гур хуэныкъуэ мэхъу дахэ гуэр къэбгъэщIыну. Лъэпкъ теплъэр къыхэщу тхьэгъу, лэрыпс, бгырыпх хуэдэхэр сщIыным зезгъэсащ. Ар «мыр сщIынущ» жысIэу къызэщIэспхъуэтауэ аракъым. Куэд щIауэ си гупсысэм щытIыгъуэрт. СщIынухэм я теплъэр си нэгум щIэтт, зэрысщIыну Iэмалыр гукIэ зэхуэзгъэкIуат. Ауэ зезгъэсэным мазэ бжыгъэ текIуэдащ. КъызыхэпщIыкIыр тэмэму къыхэпхыным куэд елъытащ. Абы щыщу нэхъ екIур къыхэпхын папщIэ зыкъомым узэхуеплъын хуей мэхъу икIи умыпIащIэмэ, нэхъыфIщ.

Зэманым къызогъэкIу

- Лъэпкъым и теплъэр си гупсысэм хэтщ, дауи, – абы екIуу, хуэфащэу щытыным солIалIэ си IэрыкIхэмкIэ. Адыгэхэм я IэщIагъэжь схъумэуи щыткъым – пасэрей лъэхъэнэ лъандэрэ зэлэжьу щыта гуэркъым мы сэ сызыдихьэхар. Адыгэ фащэ зыдхэм, дыщэмрэ дыжьынымрэ елэжьхэм яхъумэ лъэпкъ IэщIагъэр. Сыту жыпIэмэ, ахэр адыгэр сыт щыгъуи зэлэжьу щытащ.

Сэ адыгэм и шыфэлIыфэр къызэзыгъэпэщ дамыгъэ щхьэхуэхэр нобэрей ди зэманым тыншу къыщыгъэсэбэпынырщ сызэгупсысыр. Пщащэм и адыгэ фащэм сыт нэхъ нэIурыт дыдэу хэтыр - бгъэIулъхьэр! Арати, а бгъэIулъхьэм и теплъэр иIэу пщэрылъ сщIащ. ИтIанэ, мыдрей зэрызагъэдахэхэр: тхьэгъу, Iэпщэхъу, бгырыпх, бгъэхэIухэр. ЦIыхухъухэм папщIэ, хьэзырым и теплъэр уигу къэзыгъэкI бгъэхэIухэр. Сыт сэ сызыхуеяр? Зэманым тыншу къезгъэкIуну! Щхьэхуэу щыгъын хуумыду, махуэ къэс зыкIэрыплъхьэ хъууэ, сыт хуэдэ фэилъхьэгъуэми екIуу лэрыпс, Iэпщэхъу хуэдэхэр сщIынырщ. КъызэхъулIэу си гугъэщ.

Дыжьынымрэ дыщэмрэ къыхэщIыкIахэр махуэ къэс зыкIэрилъхьэркъым цIыхум икIи ахэр яхуэфэщэн щыгъын щхьэхуэм щIыгъун хуейщ. Адыгэ фащэр махуэ къэс пхущытIэгъэнукъым нобэ – ар Iуэху гуэрым хухэха хъуащ. Абы нэмыщIкIи фащэ тэмэм ебгъэдыныр лъапIэщ - дэтхэнэми ар къищэхуфыркъым. Ебгъэдауи сощI - махуэ къэс щыптIэгъэну Iэмал уиIэкъым. Къапщтэмэ, фащэр хъумэн хуейщ Iэмал имыIэу. Фащэ ебгъэдрэ, ныбжь уиIэ хъуа нэужьым ар уи бын ептыжу, абыи езым и щIэблэм хузэрихьэжу щыщытыр сфIэфIщ - ди щэнхабзэм щыщ дахэ гуэр хэлъщ абы. Сэ си IэрыкIхэр зыхуэсщIыр цIыхубэрщ. КъызыхэсщIыкIыр гъущIыпэ къызэрыгуэкIщ. Ауэ итIани а гъущIыпэр тэмэму къыхэпхын хуейщ - темыкIыжу, и фэр мыкIуэду. Iуданэри аращ - пкъы щIэтын хуейщ.

Псалъэ гуапэм сегъэгушхуэ

Си IэрыкIхэр апхуэдэу зэщIэлъэIэса хъуну сегупсысатэкъым - тIэкIу зытезгъэу хуэдэурэ къыщIэздзауэ арат. ЗэрыжаIэщи, мафIэ цIыкIур мафIэшхуэ хъуащ. Солъагъу сэ сщIыр цIыхум ягу зэрыдыхьэр, къыщIэупщIэр куэд хъуащ, си лэжьыгъэми зиубгъуащ. Тыгъэ пщIынуи фIыуэ къозэгъ. Нэхъри сытезыгъэгушхуэри? ЦIыхухэм къызжаIэ псалъэ гуапэм. Гугъэ гуэрхэри сиIэщ си IэрыкIхэр щIэщыгъуэ сщIын папщIэ. Абыхэм япыслъхьэ гъущIыпэхэр сэ езым сщIыну, сэ езым къэзгупсыса тхыпхъэ хэсщIыхьыну сохъуапсэ. Ар гугъу дыдэщ, куэди пыщIащ. Ауэ зы зэман абыи сыхуэкIуэнщ, Тхьэм жиIэмэ!

Интернетым сэбэп къысхуохъу

- Си лэжьыгъэр цIыхухэм езгъэлъагъун щхьэкIэ интернетыр къызогъэсэбэп. Си Инстаграм напэкIуэцIыр згъэлэжьэн папщIэ Iэмал гуэрхэри къызогъэсэбэп. Псалъэм папщIэ, проект цIыкIу хуэдэу къезгъэжьауэ, пасэрейм и теплъэрэ иджырейм и шыфэлIыфэрэ зэзыгъапщэ сурэтхэр зэпызгъэувэурэ щапхъэу къызолъхьэ. «ДызыхэпсэукI зэманми узэрыадыгэр плъагъуу зыпхуапэ мэхъу» - аращ абыкIэ жысIэну сызыхуейр. Е псалъэм папщIэ, си IэдакъэщIэкIхэм ящыщ скIэрылъу мотоциклым сыбгъэдэту сурэт зэуIу къислъхьащ. Сыт абы къизгъэкIыр жыпIэмэ, адыгэр пасэм зыщымыгъуэза гуэрым удихьэх щхьэкIэ къанэркъым уадыгэну. Зэманым зехъуэжри, дэри зыдужьын хуейщ. МыхъумыщIэу тхэлъIамэ, кърени, дэ ди щэнхабзэ диIэжу дызыхэпсэукI зэманым псыхьа дыщрехъу! «Адыгэ» жытIэмэ зэпымыууэ илъэс щитI япэ псэуахэм датепсэлъыхь къудей мыхъуу, зыдужьыни хуейщ - дэ иджыпстущ дыщыпсэур!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: