ХэкIуэдахэм я фэеплъу

  Тырныауз къалэм дэт спорт комплексым щекIуэкIащ зи къулыкъур езыхэкIыу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъу каратэмкIэ щIыналъэхэм я зэдай зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Къалмыкъ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэмрэ Ставрополь краймрэ щыщ зи ныбжьыр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 17-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 320-рэ.
Фэеплъ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым кърихьэлIащ УФ-м  Iуащхьэмахуэ куейм щиIэ ОМВД-м  и унафэщI, полицэм и подполковник Шаваев Арсен, КъБР-м и МВД и УРЛС-м и къудамэм и унафэщI, къэралкIуэцI IэнатIэм и майор Къуэныкъуей Азэмэт, Iуащхьэмахуэ куейм и ОМВД щыIэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Эбуев Уэсмэн, щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Улимбашев Арслан, Бахъсэн къалэм и прокурорым и къуэдзэ, юстицэм и чэнджэщэгъу КIуэкIуэ Азэмэт, Iуащхьэмахуэ куейм Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ комитетым и унафэщI Жаппуев Магомед, ОМВД и лэжьакIуэхэр.
Къызэхуэсахэм захуигъазэу Шаваевым фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэща куейм Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и комитетым.
«Зэи тщыгъупщэнукъым ди лэжьэгъухэр, я гъащIэ уасэкIэ щIэпхъэджащIэхэм республикэр ящызыхъумахэр. Абыхэм я фэеплъыр игъащIэкIэ ди гум илъынущ», - жиIащ Шаваевым.    
КъищынэмыщIауэ, абы къыхигъэщащ зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэр къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэр хэкупсэу къэгъэхъуныр арауэ зэрыщытыр.
Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм папщIэ къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щыгъуащ.
Зэхьэзэхуэ гуащIэхэм, удэзыхьэххэм япкъ иткIэ гуп зэхьэзэхуэм текIуэныгъэм и кубокыр къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэхэм.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ медалхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ.                                     
                                                                                 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться: