Иужьрей макъыр жыжьэ къыщожьэ![]() «Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
Поделиться:
Читать также:
04.03.2026 - 18:34 →
Зэманыр щыткIийми, цIыхугъэр яхуэхъумэрт
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
23.09.2025 - 10:00 →
Зауэ хъыбархэр лIыхъужьхэм трахырт
03.09.2025 - 14:00 →
Нартсанэ - Къэбэрдей шытх
24.08.2025 - 12:10 →
Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт
| ||






Абхъаз щIалэм зэрыжиIэмкIэ, ар дэркIэ зэрызэхэгъэкIыгъуейуэ къэнэнут, ди бзэм и лъабжьэгъу абхъаз-абазэбзэхэм я дежкIэ демыплъэкIыжатэмэ. Абхъазхэм «цIыхум» щхьэкIэ «гIы-гъы» («ауагIы-ауагъы», «уаю-уагъуу»), абазэхэм «гIвы-гъгъу» жыIэгъуэхэращ ноби къагъэсэбэпыр. Абыхэм апхуэдизу къэIукIэ гъэщIэгъуэн яIэщи, я къэпсэлъыкIэм тIэкIу дащIэдэIукIмэ, «гъуэгуэгъу» псалъэм и кIэух макъым пэджэжрэ дэ, адыгэхэм, ди бзэм хэмытыж макъ пIытIа-хэукъуэдиикIа гуэрхэри зэрыхэтым гу лъыдмытэнкIэ Iэмал иIэкъым (Дасание Давид зэрыжиIэмкIэ).