Нартым и лIыгъэр къыщынахуэр

Балигъ хъууэ шырэ Iэщэрэ зэригъэпэща нэужь, нартыр зекIуэ йожьэ. ЗекIуэм къыщонахуэ нартыми лIыгъэр: зекIуэ щIежьэ хабзэр бийр хагъэщIэн, ялъ ящIэжын щхьэкIэщ е шыбз гуартэ къахун папщIэщ.
Нарт хъыбархэм къызэрыхэщщи, зекIуэ ежьэмэ, нартхэм гъуэгуанэшхуэ зэпач: Индыл зэпрокI, хы тIуащIэм дохьэ. Индыл зэпрыкIащ Насрэн ЖьакIэ зи шу пашэ нартхэр - Ашэ зыукIа Лъэбыцэжьей Индыл адрыщIкIэ тIуащIэм дэсщ; Уэзырмэдж хы тIуащIэм дыхьащ кхъуафэм итIысхьэри; чынтыр зи ныкъуэкъуэгъу Бэдынокъуэ и зекIуапIэр Тэн губгъуэщ - нарт хъыбархэм къызэрыхэщщи, Тэн иригъуазэурэ мэзекIуэри чынтым яхохьэ, чынтыр хегъащIэри шыбз гуартэ къеху...
ЗекIуэм апхуэдэ гуэркIэ цIэрыIуэ щымыхъуа яхэткъым нартхэм. Жьы хъууэ и унэ итIысхьэжыху, е и щхьэр хилъхьэху (нэхъыбэм дежи аращ зэрыхъур), епсыхыркъым нартыр, Iэщэри игъэтIылъыркъым. Адыгэхэм апхуэдэ хъыбар къадэгъуэгурыкIуэнтэкъым, зекIуэм хэт зэпытурэ я дунейр къамыхьатэмэ. Ди тхыдэм ущыгъуазэмэ, адыгэр зы махуэ епсыхауэ е и Iэщэр игъэтIылъауэ уи фIэщ мыхъуным хуэдизщ.
ЗэрыпхъуакIуэ Iэджэм натIэрыуапIэ къащIауэ, къумым къикI, хым къызэпрыкI зауэшыхэм псэугъуэ ирамыгъахуэу, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхыкIащ адыгэхэр, я псэр дзапэкIэ яIыгърэ лъы щрамыкIут махуэ ямылъагъуу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ дунейр ижь-ижьыж лъандэрэ зи натIэ адыгэхэр зауэм хуэщIауэ псэун хуей хъурт, я щIэблэр лIыгъэм щIапIыкIын хуейуэ я пщэ къыдэхуэрт. 
Аращ нарт эпосми нэгъуэщI IуэрыIуатэхэми зекIуэлI хахуэр щIагъафIэр, абы и щапхъэм щIэблэр щIыщIагъэджыкIыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ цIэрыIуащ адыгэ шур - абы щыхьэт тохъуэ адыгэхэм я тхыдэм щыгъуазэ дэтхэнэри.
«3ы адыгэ шум хигъэщIэфынущ бий шу тIощI, - итхыгъащ адыгэ лъахэм къихьа хьэрып тхакIуэ гуэрым. - Ар ишкIи, и IэщэкIи, и лIыгъэкIи хэти йофIэкI». НэгъуэщI зыми итхыгъащ: «Дунейм теткъым адыгэ шуудзэм пэхъун. Ар ежьэмэ, мафIэ лыгъэм зидза хуэдэщ. Адыгэ шу зыбгъупщIым зэхакъутэнущ шууищэ». НэгъуэщIми етх: «Адыгэ шур бийм и дзэм хыхьамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ. Абы и сэшхуэр уафэхъуэпскI пэлъытэщи, бийр лъэрыщIыкI зэтрещIэ».
Пасэрей тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, дзэпщхэм, тхыдэджхэм къызэраIуэтэжымкIэ, зауэм Iухьамэ, адыгэ шум и псэр пытыху зиттэкъым, бийм псэууэ зыIэригъэхьэнутэкъым, апхуэдэ къызыщыщIыр цIыхум хабжэжыртэкъым, гъуси ящIыжыртэкъым.
Илъэсым нэблагъэкIэ гъуэгу щытет щыIэт зекIуэ ежьар. Я пашэр Iущмэ, дуней илъэгъуамэ, зекIуэ ежьа шу гупыр гъуэгум щыгъуэщэнутэкъым. ГъуазэкIэ еджэу щытащ зекIуэ ежьа шу гупым я пашэм. Гъуазэр ныбжькIи лъэпкъкIи къыхахыртэкъым, гъуазэ ящIыр зекIуэлIхэм я дзыхь зрагъэз, пщIэ зыхуащI, лIыгъэ зыхэлъ цIыху Iущырт. Гъуазэм и псалъэм емыдаIуэ, абы и унафэм емыувалIэ зекIуэм къыхэкIыртэкъым.
ЗекIуэ ежьа шу гупыр кIуэдыпIэ ихуэнуми зылъежьар къехъулIэнуми зэлъытар гъуазэрат, арат абы и пщIэр щIэлъагэр.
ЗекIуэ хабзэр куэдрэ яхэлъащ адыгэхэм - лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэу. Ар хэбгъэгъуащэ хъунукъым иужькIэ дунейм къытеужьгъауэ щыта хъунщIакIуэ-дыгъуакIуэ гупхэм.
 

 

Къармокъуэ Хьэмид.
Поделиться: