Ди щIалэхэр къикIуэттэкъым

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м.
Япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ ди щIалэхэм бжьыпэр яубыдащ. Джэгум щIидза къудейуэ арат хэгъэрейхэм я гъуэм деж щытыкIэ шынагъуэ хьэщIэхэм къыщыщагъэхъуам. Черткоевым къыхита угловойм иужькIэ топыр къызыIэрыхьа Хьэшырыр лъэщу гъуэм и лъэныкъуэмкIэ еуащ, арщхьэкIэ сантиметр бжыгъэкIэ ар штангэм блэлъэтащ. 
Джэгугъуэ зыбжанэ хъуауэ и очко бжыгъэхэм хэзыгъахъуэ зэпыту екIуэкI «Динамо»-р зэман кIэщIым къриубыдэу турнир таблицэм и епщыкIуплIанэ увыпIэм къикIыу епщIанэм нэс къыдэкIуэтеящ. Мы гъэм командэхэм Налшык щрагъэкIуэкIа зэIущIэм ставрополдэсхэр 1:0-у ди щIалэхэм къащефIэкIауэ щытащ. «Спартак-Налшыкым» мы зэIущIэм текIуэныгъэ къыщихьмэ, щытыкIэр зэхуэдэ хъужынут. Абыи хьэщIэхэр жыджэру телажьэрт. 
Джэгум щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэм и нэхъыбэр хэгъэрейхэм я лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIыурэ япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ. АрщхьэкIэ налшыкдэсхэм щIэщхъу къащыщIащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу джэгум етIуанэ дагъуэ къызыщыхуащIа КIэдыкIуейр зэIущIэм къыхахуащ. Апхуэдэ къекIуэкIыкIэм напIэзыпIэм жыджэрагъ къыхилъхьащ «Динамо»-м. Зы цIыхукIэ зэрынэхъыбэр къагъэсэбэпурэ ебгъэрыкIуэныгъэ зыбжанэ къызэрагъэпэщауэ командэхэм загъэпсэхуну икIащ. 
ЕтIуанэ Iыхьэр зэрыщIидзэжрэ куэд дэмыкIауэ бжыгъэр къызэIуихыным пэгъунэгъу дыдэ хъуат «Спартак-Налшыкыр». Черткоевым угловойкIэ къыхита топыр штрафнойм ит Хьэшырым и дежкIэ къэлъеящ. АрщхьэкIэ иужьрейр топым тэмэму техуакъым. 
Дакъикъэ зыбэжанэ дэкIауэ арат «Динамо»-м хьэщIэхэм я штрафнойм щытыкIэ шынагъуэ къыщызэригъэпэщам. Майсултановыр лъэщу зэуа топыр гъуэм щхьэпрылъэтащ. КъыкIэлъыкIуэу абы къыхита топыр Гаранжа къыIэрыхьащ. Метр зыбжанэкIэ Антиповым пэмыжыжьэу ар зэуа топыр ди гъуащхьэтетым къищтащ. 
Хэгъэрейхэр нэхъыбэми, налшыкдэсхэр нэхъ жыджэрт. «Спартак-Налшыкым» къызэригъэпэща контратакэ псынщIэм хэту штрафнойм щихьэм топыр къыIэрыхьащ джэгум къыхыхьагъащIэ ЛIупым. «Динамо»-м и гъуащхьэхъумищым Iэзэу къапекIуэкIа ди щIалэр лъэщу гъуэм еуащ, ауэ топыр пхъэшыкъум техуэри, губгъуэм икIащ. 
Командэхэм ирагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ джэгур къэщIэрэщIэжащ. «Динамо»-м щыщу зэIущIэм къыхыхьагъащIэ Далиевым угловой нэужьым къыIэрыхьа топым ди гъуэм хуэзэу къеуащ. Антиповыр зылъэмыIэсыфыну топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым техуэри, угловойм кIуащ. 
Командэр ипэкIэ игъэкIуатэрт икIи нэхъапэми хуэдэу жыджэрт ЛIупыр. Топыр иIыгъыу ар штрафнойм ихьащ, арщхьэкIэ къыпэува гъуащхьэхъумэхэм гъуэм ирагъэуакъым. Абыхэм къапекIуэкIри, ар сытми гъуэм еуащ, ауэ «Динамо»-м гъуащхьэтетым топыр къищташ. 
Иужьрей дакъикъэ тIощIыр «Спартак-Налшыкым» и тепщэныгъэкIэ екIуэкIащ. Зэман нэхъыщхьэм къыщIагъуа дакъикъэхэм ящыщ зым хьэщIэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэм хэту ди щIалэхэр зэуа топыр гъуащхьэтетым къигъэлъеижащ. Абы ЛIупыр кIэлъеуэжат, арщхьэкIэ хэгъэрейхэр аргуэру штангэм къригъэлащ. 
КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и I9-м ар IущIэнущ Новороссийск и  «Черноморец»-м. 
 

 

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: