«Арго» кхъухьымрэ адыгэ-абхъазхэмрэ зэхуаIуэхур

Алыдж  литературэр  зыцIыхухэм  зэхамыхыпIэ  яIэкъым  «Арго»  кхъухьым исрэ Язон я кхъухьыпщу   лIыгъэщIапIэ ежьа щIалэхэм я хъыбарыр.  

Аргонавтхэр  здэкIуа щIыналъэ Колхидэр Абхъаз щIыналъэм  зэрыхуэзэр куэд  щIауэ  щэхужкъым. А пщыгъуэм  и  тепщэ  IэIэтщ, Медеее егуэкIуа нэужь,    Язон  щыкъуадэ  хуэхъуар.  ЩIэныгъэлI куэдым къалъытэ адыгэ-абхъазхэм я къежьапIэри я лъэпкъыцIэри    Медея и шыпхъу Киркэ деж къыщежьэу.

Аращ  зи гугъу  ищIыр  пасэрей  алыдж   усакIуэ,  бзэ   щIэныгъэлI,

ди   эрэм  и  пэкIэ   1295-1215  гъэхэм  псэуа  Родос  щыщ Аполлоний»         

«Милетский   Дионисий     «Арго»    кхъухьым     исахэм    ятеухуа      хъыбарыжьхэр»    зыфIища    япэ    тхылъым     щыжеIэ    Киркэ     IэIэтрэ   Персей     ипхъу     Гекатэрэ   я    быну,   Медее    и     шыпхъуу     зэрыщытар. Абы    зэритхымкIэ,   Гелиос   а     щIыпIэм     къуитI     щиIащ,    абыхэм    я     цIэхэр    IэIэтрэ     Персейрэт.  Щхьэж     хэгъуэгу   зырыз    къыIэрыхьащ:    IэIэт –  колххэмрэ    мэуэтхэмрэ   щыпсэу    щIыпIэр,   Персей – Таврхэм   я   щIыналъэр».

                                                                     

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: