Хьэрхуэрэгъур щIегъуэжа е шынэжа?

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Лас-Вегас къалэм щызэхэтыну траухуауэ щытащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ («Профессионал» цIэ лейр зыфIащар) Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр, ауэ ар екIуэкIынукъым. Щхьэусыгъуэр - адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъум идэжакъым абы и гъусэу рингым къихьэн. ЩIегъуэжа е шынэжа - ар зыщIэр ­езыращ.

ММА зэхьэзэхуэшхуэм хыхьэу Мырзэкъаным иджы япэу зэIущIэ щригъэ­кIуэкIынур дыгъэгъазэм и пэщIэдзэ­хэрщ. UFC on ESPN 31 зэпеуэу Мырзэ­къаныр япэу утыку къыщихьэнур Лас-Вегас дыгъэгъазэм и 4-м зэхэтынущ. «Профессионал»-м хьэрхуэрэгъу къы­хуэхъунущ зэIущIэ куэд езыгъэкIуэкIа, Бразилием щыщ зэуакIуэ Линс Фили­- пе. Абы зэпэщIэтыныгъэ 14-м бжьыпэр щиубыдащ, 5-м къыщыхагъэщIащ. Езы Мырзэкъаным октагоным зэIущIи 10 щригъэкIуэкIати, псоми щытекIуащ, абыхэм ящыщу 7-р нокауткIэ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Dana White’s Contender Series зэхьэзэхуэу фокIадэм и пэщIэдзэхэм екIуэкIам и япэ раундым Мырзэкъаным техническэ нокауткIэ ­хигъэщIащ Бразилием щыщ Шеффил Матеус икIи абы ипкъ иткIэ UFC-м илъэсиплIкIэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. 
Мырзэкъан Азэмэт IэпщэрызауэмкIэ плIэнейрэ дунейпсо чемпионщ. 

 

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться:

Читать также: