Тэрч бэнакIуэхэм я текIуэныгъэЩIышылэм и 7 - 9-хэм Налшык дэт «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ 2002 - 2007 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ спортсмен 300-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Тэрч куейм и бэнакIуэхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ зэщхьэщыха гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Тэркъан Къазбэч, Хъуп Астемыр, КIыщ Аслъэнбэч сымэ. КIыщ Мурат и нэIэ щIэту щIалэщIэхэм зыщагъасэ Акъбаш Ипщэ дэт спорт школым.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
15.04.2024 - 16:30 →
Сочэ къащыпоплъэ
11.04.2024 - 17:30 →
Дыдейхэрщ нэхъыфIыр
|