«Титаник» кхъухьым и гъусэу щIилъэфа хъугъуэфIыгъуэхэр

1912 гъэм мэлыжьыхьым и 14 - 15 махуэ-жэщ зэпылъыпIэм дунейм нэхъ ин дыдэу тета, «Титаник» зи фIэщыгъэ кхъухьыр щIилъэфауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар хым щыжьэхэуащ псы щIагъым щIэт мылыбгым. 
 
Инджылызым щыщ Саунтгемптон кхъухь тедзапIэм икIыу Нью-Йорк американ къалэм кIуэ кхъухьым цIыху 1000-м нэс ист, тIысыпIэ 200-р япэ классым хабжэ, хуэкъулейуэ псэухэм яIыгъыу. 
 Нобэми зи хъыбарыр мыужьыха «Титаник»-м иса цIыхухэм тхыдэ щхьэхуэ зэраIэжым хуэдэу, кхъухьым илъа гъуазджэм и хъугъуэфыгъуэхэми куэд топсэлъыхь. 
 «Титаник»-р, къапщтэмэ, цIыхухэр зезышэ кхъухьт, итIани, абы илъащ кхъухьым и хьэлъагъыр куэдкIэ хэзыгъэхъуа хьэпшыпхэр. Тонн пщIы бжыгъэм нэблагъэ ерыскъыхэкIхэм нэмыщI, уасэшхуэ зиIэхэм хабжэрт тхылъхэр, унэлъащIэхэр, ухуэныгъэм къыщагъэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр, къинэмыщIхэр. Абыхэм къакIэлъыкIуэрт машинэ псынщIэ зэпкърыхахэр, дыщэхэкIхэр, дыщэ ахъшэхэр, джэдыгу къызыхащIыкI псэущхьэхэм я фэхэр, цIыху къулейхэм ейуэ. 
 Гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэу къэлъытапхъэ хьэпшыпхэм ящыщу зи цIэр нэхъыбэрэ къраIуэр тIу къудейщ: «Рубэйат» зыфIаща Хайам Омар и усэ тхылъ гъэщIэрэщIамрэ франджы сурэтыщI Блондель Мерри-Жозеф и IэдакъэщIэкI «La Circassienne au Bain» («Хьэмэмым щIэт адыгэ пщащэ», кIэщIыу – «Адыгэ пщащэ») сурэтымрэ. 
 Зи гугъу тщIы сурэтыр нэхъ лъапIэ дыдэу «Титаник»-м илъа хъугъуэфIыгъуэу тхыдэм къыхэнащ. 
 Неоклассикхэм хабжэ франджы сурэтыщI Блондель Мэрри-Жозеф и сурэтыр япэ дыдэ Париж гъэлъэгъуэныгъэхэм щыхагъэхьар 1914 гъэрщ. Сурэтым хэзыщIыкI критикхэри гуапэу къыIущIащ Блондель и лэжьыгъэм. Фэхэр гъэщIэгъуэну зэрызэблихым нэмыщI, Блондель адыгэ пщащэм и сурэт зэрищIар Iуэху щIэщыгъуэт, сыту жыпIэмэ, а зэманым адыгэ бзылъхугъэхэм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къалъытэрт, уеблэмэ сэхусэплъхэкI гуэрхэр лъапIэу ирагъэкIын папщIэ, абыхэм «адыгэ цIыхубзхэм зэрахьэм хуэдэ» псалъэхэр дыщIагъуу къаублат. 
 Сурэтыр зейр хьэрычэтыщIэ Бернстрем-Штеффансон Маурицт. Адрейхэми ещхьу, Штеффансон 1912 гъэм «Титаник»-м и билет къищэхури, Саутгемптон къыщитIысхьащ. Адрей здришэжьа хьэпшып къомым язт Блондель и «Адыгэ пщащэри». 
 Кхъухьыр мылыбгым жьэхэуа нэужь, къэхъуа гужьеигъуэм хэт Штеффансон, езым зэрыжиIэмкIэ, и хьэпшыпхэм я Iуэху зэримыхуэу, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ кхъуафэжьейхэм зэрыригъэтIысхьэным иужь итащ, езыр иужьрей дыдэу кхъуафэм ипкIэри къелащ. Мазэ бжыгъэ дэкIри, кхъухьым исахэм «Титаник»-р зей «Уайт Стар Лайн» IуэхущIапIэр судым иратащ. Абыхэм яхэт Штеффансони. Сурэт лъапIэ зыбжанэ фIэкIуэдауэ тхьэ зэриIуэм нэмыщI, хьэрычэтыщIэм япиубыдырт «Адыгэ пщащэм» къыпэкIуэу доллар мини 100 къратыжыну. 
 Штеффансон пцIы тIэкIу иупсауэ нобэми хуагъэфащэ. Япэрауэ, абы фIэкIуэдауэ жыхуиIэ сурэтхэм я цIэр пэжу къриIуэфакъым, дунейр зи лъапIагъыу игъэIу сурэтым и бгъуагъ-кIыхьагъымкIи щыуащ. Штеффансон зэрыжиIэмкIэ, «Адыгэ пщащэр» зытет чэтэным метри 1,2-рэ и бгъуагът , метри 2,4-рэ и кIыхьагът. XIX лIэщIыгъуэм псэуа франджы сурэтыщI псоми чэтэн зыщэ хьэрычэтыщIэхэм къыхагъэзыхьурэ, я сурэтхэм нэгъуэщI инагъ иратыну Iэмал иратыртэкъым. ИтIани, Штеффансон и зы сурэти апхуэдэ инагъ иIакъым, абы къикIращи, «Адыгэ пщащэ»-р къызэригъэлъагъуэм хуэдэу сурэт бэлыхьтэкъым. И псалъэр щыпхымыкIым, Блондель и тхьэусыхафэхэр ихъуэжри, нэгъуэщI мыхъуми, «Адыгэ пщащэ»-м и уасэр къызэфтыж жиIэри япиубыдащ. ИкIэм- икIэжым, «Уайт Стар Лайн» IуэхущIапIэм Штеффансон иритыжащ доллар мини 100 (иджырей къэбжыкIэкIэ – доллар мелуани 2,5-рэ). Хайам Омар и «Рубайатым» уасэу хуагъэувар доллар мин 50-щ.
 Нобэ куэд егъэщхьэжагъуэ IэмэпсымэщIэхэмрэ сурэт узымрэ я зэранкIэ адыгэ пщащэхэм я теплъэ гуакIуэр зэрызыIэщIагъэкIым. Аращ ди хъыджэбзхэр зэрыщытыххэу дахагъэм и дамыгъэу  дуней псом щытета  зэманыр дигу  къыщIэдгъэкIыжыр. 
 
Чэрим Марианнэ.
Поделиться: