Джылахъстэн

Нарт эпосым щыщ лIы бзаджэщ, Алыдж и къуэщ. Хъыбархэм ар зэм Акуандэ и адэу, зэм и дэлъхуу къыщокIуэ.
Алыдж, Джылахъстэн, Акуандэ сымэ ныкъуэкъуэгъуу яIэхэм ящыщщ Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ. Ахэр зэрызэхущытыр, зэрызэныкъуэкъур зэтемыхуэу къокIуэ. Апхуэдэу, Алыдж Нарт Хасэм и тет хъуну щыхуежьэкIэ, Бэдынокъуэ ар имыдэу Алыдж Хасэм къыхехури и тхьэкIумэр пеупщI. 
Джылахъстэн Бэдынокъуэ щIиукIыр и адэм илъ ищIэжу арауэ угугъэ хъунущ. Джылахъстэн Сосрыкъуи хуэфIкъым, ар хьилэрэ пцIыупсу елъытэри. Акуандэ и бжэIупэм Бэдынокъуэ и бжыр щыхитIэкIэ, Джылахъстэн жеIэ ар хэзычыфым Акуандэ иритыну.
 Сосрыкъуэ мыхъумэ, бжыр зыми къыхичыфыркъым. Ауэ Джылахъстэн и шыпхъур Сосрыкъуэ иритын идэркъым. Сосрыкъуэ зэгуопри мурад ещI Джылахъстэн и жылэр имыгъэтыншыну. Ар Бэдынокъуэ деж макIуэри зэгуроIуэ Джылахъстэн и жылэм цIыхуи былыми дамыгъэкIыну икIи дамыгъэхьэну. Апхуэдэ мурадкIэ Сосрыкъуэ бжьэпэм тоувэ (ар нэхъ цIыкIущи), Бэдынокъуэ лъэгум макIуэ (ар нэхъ инщи). НартитIым жылэм цIыхуи Iэщи икIи дамыгъэкIыу икIи дамыгъэхьэу гузэвэгъуэ хадзэ. 
Джылахъстэн Лъэпщ деж макIуэри шабзитI ирегъэщI, зэуэм фIэмыкIыну. Мэзым къыздыщIэкIыжым шыр къащтэу Джылахъстэн къыщехуэхкIэ, зы шабзэр зэпощIыкI. Бийуэ тIу, шабзэу зы къыщыхуэнэкIэ, Джылахъстэн Акуандэ йоупщI: «Бжьэпэм тетым сеуэн, хьэмэрэ лъэгум итыра сызэуэнур?» 
- «Бжьэпэм тетым еуэ», - жеIэ Акуандэ. Абы жиIэм емыдэIуу Джылахъстэн лъэгум ит Бэдынокъуэ йоуэри еукI. Ар зылъэгъуа Сосрыкъуэ лIа нэпцI зещIри зегъэукIурий.
Джылахъстэн унэм къокIуэж. Мыгувэу губгъуэм къикIыжа гуэрым Джылахъстэн жреIэ Сосрыкъуэ лIауэ щылъу зэрилъэгъуар. Ар и фIэщ мыхъуу, «бруушхуэ фхьыи бруупэм щыз лъэдий куцI къэфхьи фыкъэкIуэж», - яжреIэ.
Сосрыкъуэ деж макIуэхэри, и лъэдакъэр яубрури, бруупэм щыз куцI къахьри къокIуэж. Джылахъстэн куцIым йопэм. «И лIыхъужьыгур мэжьэражьэри щылъщ», - жеIэ.
«И лIыхъужьыгукъым жьэражьэр, и хьэдэжьыгущ жьэражьэр», - жеIэ Акуандэ. Джылахъстэн зэгуоп, шым мэшэсри Сосрыкъуэ деж макIуэ. Шым зрегъэлэлэхри, «куэдрэ ущылъыну» жери джатэмкIэ йоIунщI.
 Сосрыкъуэ зэуэ къыщолъэтри джатэмкIэ Джылахъстэн къоуэри и щхьэр зэгуеупщIыкI. Джылахъстэн и щхьэр IэкIэ иIыгъыу Лъэпщ деж къокIуэри и щхьэ зэгуэупщIыкIам гъуаплъэ щрегъэдэж. Ауэ Джылахъстэн куэд имыхьыжу малIэ - и щхьэ гъуанэм вагъуэ нэху иридзати.
ЗэрыжаIэмкIэ, Джылахъстэн и чэщанэр Псыжьыщхьэ щыIэщ, и унагъуэр иджырей Рязанскэ станицэм (Краснодар крайм) пэмыжыжьэу щысащ, и унэр здэщытауэ жыхуаIэри нэхъыжьхэм уагъэлъагъуфынут.

Поделиться: