ХамэщI къикIахэм жаIащШэрджэсхэр я хъыджэбзхэм хуабжьу хуосакъ, ахэр ягъэукIытэркъым. Абыхэм я Iэхэр яубыдыркъым, нэкIэ зэрощIэ. Щауэм и хъыджэбзыр къыдихьэхын папщIэ, и зэфIэкI къигъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, шы тесынкIэ, нэщанэ еуэнкIэ, бэнэнкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ адрейхэм закъыхигъэщын хуейщ. Шэрджэсхэм, и нэхъыбапIэкIэ, япхъухэм зыхуейр къыхахыну хуитщ, ауэ малъхъэ яхуэхъунур езыхэми къыщагъуэт щыIэщ, псом хуэмыдэу ар и дуней тетыкIэкIэ, и псэукIэкIэ ягу ирихьамэ. * * * Шэрджэсхэм джэдкъаз куэду ягъэхъу, фIыуи ялъагъу. Абыхэм я джэдхэм, къазхэм, гуэгушхэм, бабыщхэм хуэдэ сэ зыщIыпIи щыслъэгъуакъым. Ахэр пIащэщ, пшэрщ, дахэщ. Апхуэдэу сэ абыхэм я деж щыслъэгъуащ тхьэкIумэкIыхь инхэр. Абыхэм Iэщи я куэдщ. Шэрджэсхэр зэи лы щыщIэркъым, берычэту мэпщафIэ, IэфIу машхэ. Ара хъунщ щIэузыншэхэри. * * *
Шэрджэс цIыхубзхэр Iуэхуншэу зэи щыскъым. Абыхэм я пщэм дэлъщ унагъуэр зехьэныр. А псоми къадэкIуэу бынхэр ягъасэ, щыгъын, вакъэ яд, щIакIуэ, щхьэнтэ, шхыIэн, бгырыпх ящI. Абыхэм хуэдэу дыщэидэкIэ Iэзэ къэгъуэтыгъуейщ, я дыщэ, дыжьын хэдыкIхэм удахьэх. * * * Адыгэхэм я жылагъуэ тIысыкIэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр къуажэшхуэкъым, нэхъыбэу псы Iуфэхэм щотIыс, мэзри, губгъуэри, хъупIэри япэмыжыжьэу. Ахэр хуабжьу ерыщщ щхъуантIагъэкIэ. Я пщIантIэр, къыфIэбгъэкIмэ, я бжэIупэхэри жыг защIэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI. ДэнэкIи псыIэрышэ лъагъуэщIэхэр щыхаш. Псори къабзэу зэрахьэ. А псоми къыхэкIыу я хьэуар къабзэщ. * * *
Сэ игъащIэм апхуэдэ слъэгъуакъым. Шэрджэсхэм хьэщIагъэшхуэ къызахыу сагъэхьэщIа нэужь, сыщыжеину сызыщIаша пэшыр телъыджэт. Лъэгум хуэфIу арджэн дахэ илът, пIэр щабэт, къабзэт, тыншт. Нэху щыху лIам хуэдэу сыжеящ. * * *
Шэрджэс лъэпкъыр класс зыбжанэу егуэш: япэр – пщыхэрщ, етIуанэр – уэркъхэрщ, ещанэр – лъхукъуэлIхэрщ, еплIанэр пщылIхэрщ. * * *
Шэрджэсым нобэ уахэплъэмэ, ар зэбгъэщхьыр Германиемрэ Франджымрэ япэ пащтыхьхэр къыщыунэхуам щыгъуэ щыIа цивилизацэрщ. Ар феодальнэ псэукIэм и щапхъэ хьэлэмэтщ. Ауэ шэрджэсхэм я зэхэтыкIэкIэ, я хабзэмкIэ ялъэщIыхьэн нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу сэ сыхуэзакъым.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
|