Сурдолимп джэгухэм хэтынущ СатIушымрэ ЖылэмрэПодмосковьем хыхьэ Покровскэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я урысейпсо чемпионат. КъБР-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы медалищ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм. Щыбэна хьэлъагъхэм къапэлъэщын къахэкIакъым СатIушы Мадинэрэ (кг 49-м нэблагъэ) Жылэ Татьянэрэ (кг 67-м щIигъу). Къущхьэ Миланэ домбеякъ медалыр къыщихьащ килограмм 67-м щIигъухэм я зэхьэзэхуэм. Урысей Федерацэм и чемпионатым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэхэм япкъ иткIэ СатIушымрэ Жылэмрэ Iэмал къахукъуэкIащ Сурдолимп джэгу-2022-м хэтыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мадинэ тхэквондомкIэ иджырей дунейпсо чемпионщ. Татьянэ зэкIэ ещанэщ, ауэ къапэщылъ зэхьэзэхуэ иным ирихьэлIэу иригъэфIэкIуэну дыщогугъ. СатIушымрэ Жылэмрэ егъасэ Ахъмэт Амир. XXIV гъэмахуэ Сурдолимп джэгухэр мы гъэм и накъыгъэм и 1 - 15-хэм Кашиас-ду-Сол бразил къалэм щызэхэтынущ. Спорт лIэужьыгъуэ 21-м и медаль комплект 200-м щIигъум абы щыщIэбэнынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зэхьэзэхуэм хэтынущ къэрали I08-м щыщ спортсмен мини 3-м щIигъу.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 17:31 →
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
|