Жьыбгъэмрэ дыгъэмрэЗэгуэрым дыгъэмрэ жьыбгъэмрэ хэт нэхъ лъэщми зэхагъэкIыну и ужь ихьахэщ. Жьыбгъэм жеIэ: «Сэ уэ нэхъ сынэхъ лъэщщ. Ар иджыпсту хьэкъ пщысщIынущ уэри. Плъагъурэ, модэ мо кIагуэ хуабэ зыщыгъ лIыжьыр? Къаплъэ тIэ сэ абы и щIыIутелъыр щIэхыу къыщысхынщ», - жи. Дыгъэм пшэм зыкъуигъэпщкIуащ. Жьыбгъэр къопщэ, нэхъри хуабжь зещI, зегъэткIий, мэгубжь. Ауэ, нэхъ къару хилъхьэу къепщэху, лIыжьым и кIагуэм нэхъри зыкIуэцIеуплIанщIэ. Сытми, жьапщэр езэшри, увыIэжащ. Абы хэту дыгъэр пшэм къыкъуэкIыжри, лIыжь гъуэгурыкIуэм гуапэу хуэгуфIащ. Дыгъэм и бзий хуабэхэр зытепса лIыжьым и кIагуэр къехьэлъэкI хъури, зыщихащ. Арати, дыгъэм жьапщэм жриIащ: «Плъагъурэ, гуапагъэр сытым дежи нэхъ лъэщщ губжьым нэхърэ!»
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 13:19 →
Пхъэмыфыкъуэ лъапэ деж
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
|