Уи IэмыщIэм илъщЛIы Iущ гуэр псэут. Абы и гъэсэнхэм ящыщ зыр егупсысащ: «Ярэби, мы ди гъэсакIуэм жэуап зримытыфын упщIэ къэзгупсысыфыну пIэрэ?». Арати, губгъуэм кIуэри хьэндрабгъуэ къиубыдащ. Ар и IэгуитIым ирегъапщкIуэри, лIы Iущым бгъэдохьэ. Хьэндрабгъуэр и Iэпхъуамбэ зэхуакум диубыдати, хуеймэ тыншу ипIытIыфынут. - КъэпщIэфыну пIэрэ: мы си Iэгум ис хьэндрабгъуэр псэу, хьэмэ лIа? Апхуэдэу щIоупщIэри, езыр игукIэ йогупсыс, абы и жэуапым елъытауэ хьэндрабгъуэм ирищIэнум… ЛIы Iущыр ауи къыдэплъеякъым жэуап къыщитым: - Уи IэмыщIэм илъщ и гъащIэр.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 13:19 →
Пхъэмыфыкъуэ лъапэ деж
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
|