Къэралым и чемпион Гъэужьей Iэдэм

 Суздаль къалэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионат. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ ди къэралым и щIыналъэ псоми икIа спортсмен 300-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм. Гуп зэпеуэм ди щIалэхэм ещанэ увыпIэр щаубыдащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ гупипщIу зэщхьэщыхауэ щытахэм я деж ди республикэм и спортсменхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 6 къыщахьащ.

Килограмм 67-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Гъэужьей Iэдэм къыпэлъэщын щыбэна гупым къыхэкIакъым икIи дыщэ медалыр зыIэригъыхьэри къэралым и чемпион хъуащ.  Дыжьын медалыр Урысей Федерацэм и чемпионатым къыщихьащ килограмм 63-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Локъяев Жамболэт.

Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Желдашев Валерэ (кг 72-м нэблагъэ), Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ (кг 87-м нэблагъэ), КъуийцIыкIу Ахьмэд (кг 77-м нэблагъэ), Гъуэныбэ Iэуес (кг  82-м нэблагъэ) сымэ.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: