Бахъсэндэсым Воскресенск къалэр еIэт

Подольск къалэм дэт «Спорт-сервис» спорткомплексым мазаем и 11 - 13-хэм щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ XIV дунейпсо зэхьэзэхуэ. 2005 - 2006 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр щIэбэнащ СССР-мрэ Европэмрэ я чемпион, Подольск къалэм щIыхь зиIэ и цIыху Ивлев Владислав и саугъэтхэм.

Зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Мордовие, Марий Эл республикэхэм, Севастополь, Мэзкуу къалэхэм, Воронеж, Тверь, Тулэ, Ярославль, Владимир, Волгоград, Пензэ, Липецк, Мэзкуу областхэм къикIа спортсмен 350-м нэблагъэ.

Зи хьэлъагъыр килограмм 60-м нэблагъэхэм я зэпеуэм и пэщIэдзэ зэIущIэхэм фIы дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу Хъыжьрокъуэ Умар финалым къыщыхагъэщIащ икIи дыжьын медалыр къылъысащ. Бахъсэн къалэм дэт олимп резерв щагъэхьэзыр спорт школым и гъэсэныр иджыпсту утыку къохьэ Воскресенск къалэм и цIэкIэ. Ар зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ Иуан Аслъэн.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: