ГъэтIылъыгъэ гъэщIэгъуэнхэр

Налшык къалэ дэт курыт еджапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIауэ. Ахэр хуэунэтIащ щIэблэр тхыдэм щыгъэгъуэзэным, я блэкIар нэхъ куууэ егъэджыным, ар хъумэн зэрыхуейм хуэущииным.
Налшык къалэ дэт, генерал Зокаев Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №8-м и музей гъэтIылъыгъэхэм иджыблагъэ къыхагъуэтащ альбом гъэщIэгъуэн. Илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мы еджапIэм щIэса лъахэхутэ ныбжьыщIэхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхыгъэхэр сэтей къащIыжащ.
КъызэрыщIэкIамкIэ, еджакIуэ цIыкIухэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыда зэманым уIэгъэ хъуа совет зауэлIхэм ящхьэщыта, абыхэм еIэзэу Налшык къалэ сымаджэщым дохутыру щылэжьа Петровэ Верэрэ зыкъомрэ зэхуэтхэу къекIуэкIащ. Дзэ Плъыжьым и 37-нэ армэм хэта сэлэт куэдым я Iуэху къызэрекIуэкIар, я щхьэ кърикIуар, зауэм хэкIуэдарэ хъыбарыншэ хъуарэ наIуэкъым. Зауэ гуащIэхэм зи щхьэ хэзылъхьа ди щIалэхэм я хъыбар зэхуахьэсыжыну къалэн зыщызыщIыжа лъахэхутэ ныбжьыщIэхэм Петровэ Верэ къагъуэтри, къажриIа гукъэкIыжхэр зэпагъэувэжурэ, зи гугъу къахуищIахэм я Iыхьлы куэд къагъуэтауэ щытат, я щIалэхэм я Iуэху зытетым теухуа тхыгъэхэри Iэрагъэхьэгъат.
Уеблэмэ, альбомым хэлъ тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, цIыкIухэр зауэм хэкIуэда, Тыркумэн Республикэм щыщ зы щIалэм и унагъуэми кIуэри щыхьэщIауэ щытыгъащ.
Альбомым щызэхуэхьэсащ Налшык къалэ щхьэхуит къэзыщIыжа 37-нэ армэм хэта зауэлI куэдым я хъыбар, абыхэм зэрахьа лIыгъэми щхьэихауэ щытепсэлъыхь гукъэкIыжхэри щызэкIэлъыгъэкIуащ.
ГъэщIэгъуэнращи, ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэм и тхыдэм щыщ къэхъугъэ зыбжанэм иджыри къыздэсым мынахуэ, гуитIщхьитI узыщI Iуэхугъуэхэр хэлъщ. Ди щIыпIэр щхьэхуит къащIыжын щхьэкIэ зи псэр зыта зауэлIхэм я цIэ-унагъуэцIэм щегъэжьауэ зэхэуэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм къыщыхъуа дыдэхэм щыщIэкIыжу иджыри зэIубз щIын хуей куэд щыIэщ. Ар къызэрыгуэкIыу жыпIэмэ. Нэхъ куууэ уеIэбыхмэ, зэпэщIэт лъэныкъуитIыр здитIысыкIа щIыпIэхэм я къыхэхыкIа хъуам, языныкъуэ операцэхэр къызэрызэрагъэпэщам, ди лъахэр бийм къызэрыIэщIахам ехьэлIа тхыдэм утыку къилъхьэн хуей мымащIэу хэтщ. ЕджапIэм къыщагъуэтыжа альбомыр абы и лъэныкъуэкIэ гъэтIылъыгъэ гъэщIэгъуэн дыдэщ, абы дэлъ сурэтхэмрэ тхыгъэхэмрэ зихуэдэ щымыIэщ.
Альбомыр тхыдэтххэм яджыну къапэщылъщ. Ауэ, нэхъапэращи, ди япэ ита ныбжьыщIэхэм я Iуэху щIэкIэр, къалэным бгъэдыхьэу зэрыщыта щIыкIэр, цIыхуми жылэми я щхьэпэ екIыу ар зэрызэфIагъэкIыу щытар нэгъэсауэ щапхъэщ иджырей щIалэгъуалэм я дежкIэ. 
Налшык «Зауэ ЩIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащрэ илъэс 12 хъунущ икIи абы теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм къыщагъэсэбэпыну еджапIэ №8-м и музейм щахъумэ гъэтIылъыгъэхэм къызэрыщIэупщIэнум шэч хэлъкъым. Иджыпсту щыщIэдзауэ альбомыр яфIэгъэщIэгъуэну ядж Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэм Iутахэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм.
 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться:

Читать также: