Лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьакIуэхэр Кавказ Ищхъэрэ бгылъэ-металлургие институтым и лIыкIуэхэм иджыблагъэ щаIущIащ КъБКъУ-м хэт коворкинг-центрым. Ар теухуат щIэтIысхьэгъуэм пыщIа Iуэхугъуэхэм, а лъэхъэнэр хабзэм тету къызэгъэпэща хъуным.

Дызэрыт зэманым Кавказ Ищхъэрэ бгылъэ-металлургие институтым и къудамипщIым унэтIыныгъэ 21-мкIэ IэщIагъэ щызрагъэгъуэту студент 4390-рэ щоджэ. ЕджапIэм гуманитар Iуэхухэмрэ инженер-техникэ IэнатIэхэмрэ щылэжьэну IэщIагъэлIхэр егъэхьэзыр, къыщIэкIахэм ящыщу лэжьапIэншэу къанэ щIагъуи щыIэкъым.
ЗэIущIэм кърихьэлIахэм гулъытэ хэха хуащIащ щIэтIысхьэгъуэ лъэхъэнэр техникэ IэмалхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъунум, ахэр зэблэмыууэ зэрагъэлэжьэнум, дэфтэрхэмрэ тхылъымпIэхэмрэ занщIэу икIи пэIудзауэ къызэрыIахыну щIыкIэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, ахэр зэзыгъэзахуэм и нэIэ зытетыпхъэхэм.
«Техникэ щIэныгъэхэм епха IэщIагъэхэр зрагъэгъуэтын щхьэкIэ ныбжьыщIэхэм есэпымкIэ, физикэмкIэ, химиемкIэ экзаменхэр ятын хуейуэ къапэщылъщ. ГурыIуэгъуэщ ар зэрымыIуэху тыншыр, уеблэмэ еджакIуэм къытехьэлъэн куэд зэрыхэлъыр. Абы къыхэкIыу а унэтIыныгъэхэм щIалэгъуалэр къешэлIэныр, дегъэхьэхыныр къызэрымыкIуэу гугъущ. НэгъуэщI университетхэм абы и IуэхукIэ ялэжьымрэ абы епха лэжьыгъэр зэрызэтраублэмрэ къэпщIэныр икъукIэ щхьэпэщ, хэкIыпIэщIэхэм ухуэзышэ гъуэгущ», – жеIэ Кавказ Ищхъэрэ бгылъэ-металлургие институтым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэм и фIагъыр къэIэтынымкIэ и проректор Станкевич Галинэ.
Я лэжьэгъухэр зыIууэ гугъуехьхэм теухуа упщIэхэм жэуап яриткIэрэ, КъБКъУ-м щIэтIысхьэгъуэ лъэхъэнэм щекIуэкI Iуэхухэм тепсэлъыхькIэрэ, ректорым и чэнджэщэгъу, КъБКъУ-м щIэгъэтIысхьэным щыхуагъэхьэзыр IэнатIэмрэ IэщIагъэм зэрыхуаунэтI лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ къыхигъэщащ: «ЩIэтIысхьэным кIэлъыплъ КъэпщытакIуэ гупым лэжьыгъэр щиублэ махуэм щегъэжьауэ абы хэтхэр ныбжьыщIэхэми адэ-анэхэми яIуощIэ, сабийм къыхиха къудамэм и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ хуагъазэ, игу щIэныкъуэ упщIэхэм жэуап кърырагъэт, иIэн хуей балл бжыгъэр зыхуэдизыр гурагъаIуэ. Абы иужькIэ КъэпщытакIуэ гупым хэт Iуэхузехьэхэм ныбжьыщIэм лъэIу тхылъыр ирагъэтхри, и дэфтэрхэр зыхуей хуагъазэ. Тхылъхэр псори IС: Университет системэм иралъхьэри, абдеж щыщIэдзауэ ар щIэтIысхьэным епха зэхьэзэхуэхэм хохьэ. ЩIэтIысхьэгъуэм епха КъэпщытакIуэ гупыр тхьэмахуэм къриубыдэу махуихкIэ мэлажьэ, мэлыжьыхь мазэм щегъэжьауэ жэпуэгъуэ мазэ пщIонди зэпыуркъым».
Университетым и пщIэр къэзыIэт Iуэхугъуэхэм ящыщщ Зыуэ щыт къэрал гъэунэхуныгъэхэм (ЕГЭ) балл нэхъ лъагэ дыдэ къыщызыхьахэр зэригъэпажэр. Зэ тыгъуэу языхэзми сом мин 50 яхуегъэфащэ, апхуэдэ дыдэуи япэ илъэс ныкъуэр (семестрыр) икIыху стипендие лъагэхэр ярет.
Абы къищынэмыщIауэ, КъБКъУ-м нэгъуэщI зы хабзэ дахи щызокIуэ. Абитуриентыр зыхэта гъэунэхуныгъэхэм дерс унэтIыныгъищымкIэ балли 180-рэ е нэхъыбэ къыщихьу щытмэ, етIуанэ IэщIагъэр зригъэгъуэтын щхьэкIэ тригъэкIуэдэну мылъкур процент 75-кIэ нэхъ мащIэу щытынущ.
ЩIэтIысхьэгъуэм епха гупым цIыху 70-м щIигъу хэтщ. Абы хохьэ университетым и лэжьакIуэхэр (50-м ноблагъэ), цIыху 20-м нызэрыхьэс волонтёр гупыр (еджэныгъэм сыт и лъэныкъуэкIи къыхэжаныкIа студентхэмрэ магистрантхэмрэ).
 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: