ЗэмылIэужьыгъуэу медалипщI

Дагъыстэным и Каспийск къалэм гъатхэпэм и 11 - 13-хэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. Медаль комплектипщIым щIэбэнащ щIыпIэ псоми къикIа илъэс 24-м нэблагъэ зи ныбжь спортсмени 150-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэтхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу I0 зэхьэзэхуэм къыщахьащ. Абыхэм ящыщу 3-р дыщэщ.

Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ КIурашэ Беслъэн (кг 55-рэ), Кациев Абдурэхьман (кг 63-рэ), ХъуэхъуакIуэ Темыркъан (кг 97-рэ). ЕтIуанэ увыпIэхэр къахьащ Хъуп Iэдэмрэ (кг 55-рэ) Желдашев Валерэрэ (кг 72-рэ). Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Къып Хьэзрэт (кг 55-рэ), Сабий Хьэтэлий (кг 72-рэ), Щомахуэ Албиян (кг 82-рэ), Гъуэныбэ Аскэррэ Гъубж Аскэррэ (тIури кг 130-м щIигъу).

Каспийск щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ щытекIуахэмрэ хэтынущ мэлыжьыхьым и кIэм Владивосток щызэхэтыну урысейпсо зэпеуэм.

КЪЭХЪУН Бэч.
Поделиться: