Индием щызекIуэ хабзэжьхэр

Индие цIыхубзхэм я гъэсэныгъэр я тхылъ лъапIэхэм быдэу епхащ. НысащIэр икIыжынри, ар лэжьапIэм хамэ цIыхухъухэм хуиту щабгъэдэтынри яфIэемыкIу къудей мыхъуу, гуэныхьхэм хабжэу къекIуэкIащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ.

Iуэхум зихъуэжу хуежьащ Британием щеджахэр тепщэу хахын зэрыщIадзэрэ. Инджылызым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта Неру Джавахарлал и лъэпкъ хабзэжьхэм гъащIэр ипэкIэ ямыгъэкIуатэу къыщыхъурти (е апхуэдэу жимыIэу къыхуадэртэкъым), кином хагъэхьэ лIыхъужьхэм я псэукIэр тхылъ лъапIэхэм зэритым хуэдэу зэхалъхьэрт, ауэ жрагъэIэр социализмэмрэ цIыхубзхэр цIыхухъум и унафэм къыщIэзыш феминизмэмрэ я псалъэхэрт.
Абы и щапхъэ хъуащ езы Неру ипхъу Ганди Индирэ, япэу къэралым щалъэгъуа политик бзылъхугъэр. И адэм секретарым ещхьу бгъэдэт цIыхубзым унагъуэм тригъэкIуэдэн, и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ щаригъусэн зэман къыхуэмынэ пэлъытэт. Ганди Индирэ и зэманырщ цIыхубзхэм хагъэзыхьурэ бын бжыгъэр ирагъэгъэмащIэу, апхуэдэ мурадкIэ дохутырхэм я сэхэр хагъэIэбэу щыщIадзар. Апхуэдэ щIыкIэу къэралым ис цIыху бжыгъэм кIэрагъэхурт. Ауэрэ унагъуэр унагъуэ зыщIыж бын куэд уиIэнри хабзэм кърамыгъэзэгъыжу щIадзащ.
ИтIани, Индиер къухьэпIэм хуэдэу зэи утIыпща хъуакъым. ЩIыналъэм и Iыхьэшхуэ къуажэхэм яубыд, абы и фIыгъэкIэ нобэхэми хабзэжьхэр ягъэнэхъапэ. Мыбы иджыри ущрохьэлIэ унагъуэ насыпыфIэ узэрыхъуным и щэхухэр анэшхуэхэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ щызэIэпах, лъабжьэжь зиIэ унагъуэхэр.
Индие Iущыгъэр зэрыт тхылъыжьхэм цIыхубзым и лъапIагъыр зрапхыр къабзагъырщ. Куэдым къащохъу ар пщащэм зэрызихъумэжым е ар зэрыукIытэхым деж щиухыу. Ауэ «щуIэгъэ зэкIэлъыкIуэ» цIэ дахэр къыпхуагъэфэщэн папщIэ, куэд ухуейщ.
Тхылъ лъапIэхэм я зым цIыхубзым къалэниплI къыхуегъэув: «ЛIым ухуэжыIэщIэныр, щхьэгъусэм хуэгъэзауэ фIы фIэкIа уи гум иумыгъэлъыныр, абы и Iыхьлы-благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ уахуэгуэпэныр, зытет диныр дэпIыгъыныр».
А тхылъ дыдэм щыщу иджыри зы пычыгъуэ: «ЩуIэгъэ зэкIэлъыкIуэм лIым игу хуиIэтын мурадкIэ сыт щыгъуи екIуу зихуэпэну, дыщэхэкIхэмкIэ зигъэщIэрэщIэну и къалэнщ. Езыр сыт щыгъуи къабзэлъабзэрэ лъагъугъуафIэу, и унэр екIуу зэлъыIухауэ щытын хуейщ. Абы къытохуэ унэлъэгур къипхъэнкIыу псыкIэ къилъэсыну. ЦIыхубзыр хущIэкъупхъэщ псэуалъэм сыт хуэдэ зэмани удзымэ дахэ зэрыщIигъэтыным, и щхьэгъусэм и гукъыдэжыр щIэлъэту зэригъэзэщIэным. ШыIэныгъэ хэлърэ пэж фIэкIа къыжьэдэмыкIыу, бэшэчрэ и гурей-гурыфIхэр къыдримыгъэжейуэ, и лIым Iэщабэ-Iущабэу епсэлъэн хуейщ бзылъхугъэр, зыгуэр щыхуищIэкIэ фIыуэ зэрилъагъур и нэгум къищу, зи чэзумрэ зи мычэзумри зэхигъэкIыфу».
КъыбгурагъаIуэр зыщ – цIыхубзым и закъуэныр щыхуагъэдахэркъым Индием. Псэлъэгъу къысхуэхъуа Говиндэ Гитэ жеIэ: «Унагъуэм и тегъэщIапIэр цIыхухъурщ. Сэ сызыхапIыкIа хабзэм бзылъхугъэ щхьэгъусэншэм и пщIэр щыинтэкъым».
Виджае и Iуэху еплъыкIэри абы тохуэ: «Индием псори зэрыщыгупсысэр мыпхуэдэущ: цIыхубзыр дэкIуэн ипэкIэ - и адэм, итIанэ – и лIым, адэкIэ – и къуэм я жьауэм щIэтын хуейщ. Ар Iэмал зимыIэщ. Сыту жыпIэмэ, пэж дыдэу цIыхубзхэм ди акъылыр нэхъ тIасхъэщ. Дэ куэд ди щхьэм къолъадэ, цIыхухъухэм захуэдгъэдэну дыщIопхъуэ, ипэжыпIэкIэ ар тхузэфIэкIыну Iуэхукъым. Дэри къытхуэухынущ институтхэр, кхъухьлъати къетхуэкIыфынущ, ауэ зыгуэрым дыкъихъумэным дыщымыщIэу зэи дыщытыфынукъым».
Говиндэ Гитэ япэ чэнджэщу къызитар мыращ: «Сыт къыпщымыщIми, зэи уи щхьэгъусэм IейкIэ утемыпсэлъыхь. Ар благъэхэми, уи анэ дыдэми, ныбжьэгъухэми яхуумыуб. ЦIыхубзым и къарур апхуэдизкIэ инщи, и лIым фIы игу хуилъ зэпытрэ тхьэ хуелъэIу къудеймэ, бэлыхь куэдым щхьэгъусэр щихъумэфынущ».
Апхуэдэ хущытыкIэр къухьэпIэмкIэ пщылIыгъэу къащыщыхъунущ, дауи, ауэ ар цIыху декIуэкIыкIэ Iэмалу аращ, лIыр сыт хуэдизу мыпхъашэми, и гур къэпхьэхуну Iэмал къуиту.
 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: