Ассэкъал Рустам зэхьэзэхуэшхуэм щытокIуэТыркум и къалащхьэ Истамбыл дэт «Basaksehir Spor Parki» уардэунэм и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ «Яшар Догу 2022» спорт бэнэкIэмкIэ рейтинг зэхьэзэхуэ. Тырку бэнакIуэ цIэрыIуэхэу Яшар Догу, Вэхби Эмре, Къаплъэн Хьэмид сымэ я фэеплъ зэпеуэр къызэригъэпэщащ дунейпсо зэгухьэныгъэм.
Урысей Федерацэм щыщ спортсменхэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэпеуэхэм хэтакъым, арщхьэкIэ куэд зыпэмыплъа Iуэхугъуэ куэд абы къыщыхъуащ. Килограмм 97-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым зэфIэкI лъагэ къигъэлъагъуэу зэIущIэ псоми щытекIуащ Узбекистаным и щIыхьыр зыхъумэ адыгэ щIалэ Ассэкъал Рустам. Финалым ар щефIэкIащ Финляндием и лIыкIуэ Саволайнен Арви икIи пщIэшхуэ зиIэ зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
15.04.2024 - 16:30 →
Сочэ къащыпоплъэ
11.04.2024 - 17:30 →
Дыдейхэрщ нэхъыфIыр
|