АдэкIэ къапэплъэр сыт?

«Спартак-Налшык» (Налшык) - «Биолог-Новокубанск» (Про­гресс) - 0:1 (0:0). Налшык. «Спар­так» стадион. Мэлы­жьы­хьым и 6-м. ЦIыхуи 150-рэ еп­лъащ.

Судьяхэр: Прокопов (Волгоград), Магомедов (Мэхъэчкъалэ), Багдасаров (Владикавказ).
«Спартак-Налшык»: Антипов, Ольмезов, Сындыку, Шумахуэ З., Шумахуэ И., ХъутIэ (Бахъсэ­нокъуэ, 81), Хьэшыр, Торосян (Дэхъу, 67), Ульбашев (Жангуразов, 67), Масленников, Бэчбо (Ашуев, 83).
«Биолог-Новокубанск»: Суворов, Старков, Никитин, Пириев, Гребенюков, Черчесов (Мар­ченкэ, 65), Салахетдинов (Темыкъуэ, 65), Борисов, Кондратюк (Степанович, 64), Циберкин (Сар­кисов, 74), Переверзев.
Топыр дигъэкIащ Пириевым, 85 (0:1). 
Дагъуэ къыхуащIащ Кондратюк, Переверзевым, Черчесовым, Борисовым, Салахетдиновым, Старковым, Шумахуэ З.

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэ­хуэм хыхьэу тIощIрэ езанэ джэ­гугъуэм зэхэтын хуеяуэ, дунейм и щытыкIэм къыхэкIыу ягъэIэп­хъуауэ щыта «Спартак-Налшы­кымрэ» «Биолог-Ново­ку­банск»-мрэ я зэIущIэр бэрэжьейм Налшык щыщыIэжащ. 
ЗэIущIэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэм, хэгъэрейхэм зэрахуэ­фащэу, налшыкдэсхэм зэпэ­щIэтыныгъэм и екIуэкIыкIэнур я нэIэ щIагъэувэну я мурадащ - ипэкIэ жыджэру кIуатэу хуе­жьащ. АрщхьэкIэ, Прогрессым къикIа командэри кIащхъэтэкъым, тыншуи къыпхуигъэ­кIуэ­тын гупхэм хуэдэтэкъыми, щIэх дыдэу щытыкIэр къагурыIуащ икIи «Спартак-Налшыкым» и лъэныкъуэмкIэ джэгур ягъэIэпхъуащ. Къыхэдгъэщынщи, япэ къекIуэкIыгъуэм хиубыдэу командэхэм Прогрессым щрагъэ­кIуэкIа зэIущIэр хэгъэрейхэм я текIуэныгъэкIэ 1:0-у иухауэ щытащ. 
ХьэщIэхэм яубыда тепщэныгъэм къаIэщIэкIри, еянэ да­къикъэр екIуэкIыу, налшыкдэс­хэм контратакэ псынщIэ къызэ­рагъэпэщащ икIи псынщIэу ­бжыгъэр къызэIуахыну Iэма­-лыфI дыдэ къахукъуэкIащ. Ебгъэ­ры­кIуэныгъэм хэту топыр къы­зы­Iэрыхьа Шумахуэ Заур штрафнойм щихьэм, адрей лъэны­къуэмкIэ къыкъуэжа Хьэ­шырым и дежкIэ къыхитащ. Шумахуэм къыпежьэу гъуэм къыдэкIа хьэ­щIэхэм я гъуащ­хьэтетым и щIыбагъым къы­дэхута Алан лъэщу топым еуащ, арщхьэкIэ перек­ладинэм къигъэлъеижащ. 
Япэ Iыхьэм и кум джэгум и жыджэрагъыр щIэужьыхащ. Зэ­пэщIэтыныгъэ мащIэр нэхъы­- бэу щекIуэкIыр губгъуэм и курт. Ди щIалэхэм ебгъэрыкIуэныгъэ Iуэху зэрахуэжтэкъым, уеблэмэ   я лъэныкъуэмкIэ иту топыр щы­зэIэпахкIэ щхьэусыгъуэншэ щы­уагъэхэр яIэщIэщIэрт. Апхуэдэ ­защIэу йокIуэкI мыгъэрей лъэхъэнэр «Спартак-Налшыкым» зэрыщIидзэжрэ. Гупым я джэгукIэ зэкIэлъымыкIуэм теухуауэ футболеплъхэм жэуапыншэ упщIэ куэд ягъэув хъуащ. 
Япэ Iыхьэм и кIэух дакъикъэхэм зэIущIэм и бжыгъэр къы­зэIуахыну иджыри зы Iэмал ­къахукъуэкIат хэгъэрейхэм. ­Шумахуэ Заур къыхита угло­- войм иужькIэ «Биолог-Новоку­банск»-м и гъуэм бгъэдэт Оль­мезо­выр топым кIэлъеуэжащ. Нэхъапэми хуэдэу, налшыкдэсхэм езыхэм я щыуагъэм и зэранкIэ хьэщIэхэм я гъуэр хамыгъэщIауэ къэнащ - Артур гъуэ нэщIым топыр хуигъэзэфа­-къым. 
Загъэпсэхуу къихьэжа нэужьи щытыкIэм зэрызихъуэжа щIа­гъуэ джэгупIэ губгъуэм щып­лъагъуртэкъым - псори зэхэ­зэрыхьат. ЕбгъэрыкIуэныгъэкIэ узэджэ хъуну командэхэм къы­зэрагъэпэщ жыджэрагъ закъуэ­тIакъуэхэр мыхьэнэ пыухыкIа ­зимыIэ кIэухкIэ ужьыхыжырт. Къыхэбгъэщ хъунухэм ящыщщ «Спартак-Налшыкым» и гъуащ­хьауэ Масленниковыр зэуар: перекладинэ лъабжьэм кIэщIыхьэ топыр «Биолог-Новокубанск»-м и гъуащхьэтет Суворовым дахэ дыдэу къригъэгъэзащ. 
ЗэIущIэм хухаха зэман нэхъыщхьэр иухыным дакъикъитху нэхъыбэ къэмынэжауэ, Анти­повым и гъуэм къебгъэрыкIуэ хьэщIэхэм я футболистхэм ящыщ зыр штрафнойм щи­-   хьэм ди щIалэхэм ираудащ. ХьэщIэхэр зэуа топым «Спар­- так-Налшыкым» и гъуащхьэтет ­Антиповым прогрессдэсхэм я ­гъуащхьэхъумэм хуэзанщIэу ­къригъэгъэзащ. Пириевыр абы кIэлъеуэжри, хьэщIэхэм те­кIуэ­ныгъэр къахуэзыхь топ закъуэр дигъэкIащ - 0:1. 
Гъатхэ зэIущIиплIым зы очко закъуэ фIэкIа къыщызымы­хьыфа «Спартак-Налшыкым» къытхуэнэжа гугъэ мащIэхэри егъэкIуэд. Турнир таблицэм и ­лъабжьэмкIэ щыщыIэ командэхэм апхуэдэ джэгукIэ фIэкIа щыдрамыгъэкIуэкIыфакIэ, мэ­лыжьыхьым и 10-м Песчанокопскэ ди щIалэхэм «Чайка»-м щыпагъэувыфынур сыту пIэрэ? Хьэмэ къэгубжьу зыкъызэкъуа­хыну? УпщIэхэр куэдщ.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: