Ласицкене текIуэныгъэкIэ къыщIедзэ

Метревели Слава и цIэр зрихьэу Сочэ дэт стадионым щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ Урысейм и командэ чемпионат. Абы хэтащ лъагэу дэлъеинымкIэ олимп чемпион Ласицкене Марие.

ЕтIуанэ бгъэдыхьэгъуэм сантиметри 194-рэ хъу лъагапIэр къызэзынэкIыу пашэныгъэр зыубыда спортсменкэ цIэрыIуэр пэрыхьащ сантиметр 20I-м. АрщхьэкIэ лъэхъэнэм и ехъулIэныгъэ нэхъыфIым ар зэкIэ щхьэпрылъыфакъым.  

«Ди дежкIэ иджырей зэхьэзэхуэр техническэ щIэдзэкIэу аращ – лъэхъэнэр къызэIутхауэ зыгъэсэныгъэхэм щыщыIа щыщIэныгъэхэр наIуэ къыдощI, тактикэм долэжь. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дунейпсо зэпеуэхэр зэрыщымыIэм къыхэкIыу бэнэныгъэр нэхъ кIащхъэ хъуащ, хьэрхуэрэгъу лъэщхэр мащIэщ. Ауэ, Машэ бэшэчщ, си фIэщ мэхъу къыкъуэкIа лъэпощхьэпо псоми зэрыплъэщынур», - къыхигъэщащ Ласицкене и гъэсакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ тренер Габрилян Геннадий.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: