ЛентIхэр ягуэшащ![]() Урысейм и махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэ щекIуэкIа «Лента-триколор» акцэм хэтащ Урысей гвардием къулыкъу щызыщыIэхэр икIи абыхэм цIыхухэм хуагуэшащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым, плъыжьу-щIыхуу-хужьу зэгуэлъым, ещхь лентIхэр. Махуэ зыбжанэкIэ Iуэхур щекIуэкIащ ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум, ТекIуэныгъэм и скверымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унэмрэ деж. - Къэралым и махуэшхуэ нэхъ лъапIэхэм язым – Урысейм и махуэм - ирихьэлIэу дэри дыхыхьащ а акцэм. Ди хэкум тхыдэ къулей иIэщ, Урысей ныпым и дэтхэнэ плъыфэри а блэкIам и напэкIуэцIхэщ, къэрал лъэщым папщIэ зи гъащIэм емыблэжа ди нэхъыжьхэм къакIуа гъуэгуанэщ, - жиIащ Iуэхум хэта рядовой Литовкэ Николай.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





