Дэрэжэгъуэ къуитрэ узыIэпишэу

Грознэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МЧС-м и Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм IэпщэрыбанэмкIэ я чемпионат.

Зэхьэзэхуэм зэхуишэсат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и спортсмен нэхъ лъэщхэу 50-м щIигъу. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ Жапуев Альберд, Къаншокъуэ Роберт, Нэзэр Ахъед, Нэзэр Залым, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Темыркъан Астемыр, Къушхьэ Ельдар, Аюб Залым, Шур­дым Амир сымэ.
Iэпщэрыбанэ бэнэкIэм и хабзэхэм къызэрагъэувым тету, зэ­хьэзэхуэхэр екIуэкIащ олимп зэхьэзэхуэхэм я жыпхъэмкIэ спортсменыр хагъэкIыу.
Дэрэжэгъуэ къуитрэ узыIэпишэу екIуэкIащ чемпионатыр. Дэтхэнэ бэнакIуэми текIуэныгъэм хуэпабгъэу, сыт и лъэны­къуэкIи ерыщу икIи екIуу зыкъигъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэхэр яубыдащ ди бэнакIуэ лъэщхэу Жапуев Альберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Аюб Асте-       мыр сымэ. Къаншокъуэ Роберт ещанэ увыпIэр къылъысащ.
Чемпионатым кърикIуахэмкIэ етIуанэ увыпIэр ­къихьащ   КъБР-м и гупым, дыщэ медали 4-рэ зы жэз медалрэ зыIэрагъэхьэри.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ дипломхэр, ме­далхэмрэ кубокхэмрэ.
Спорт зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIащ узыншагъэр хъумэн зэ­ры­хуейр яхэпщэн, физкультурэм нэхъыбэ дегъэхьэхын мурад-       кIэ.
ЕкIуу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм  щIалэхэм дрогушхуэ! Дэ абы­хэм дохъуэхъу  спортымкIэ ехъулIэныгъэ екIухэр дяпэкIи зыIэ­рагъэхьэну!

БЕР Къантемыр.
Поделиться: