Джылахъстэней шу зекIуэ![]() Адыгэ щыпсэу республикэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шу Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирегъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэта II5-нэ шу дивизэм и цIэкIэ зекIуэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зы къудамэу щыт «Шу Хасэм» и унафэщI Къудей Аслъэн хэIущIыIу зэрищIамкIэ, джылахъстэней къуажэхэм Хэку зауэшхуэм и фэеплъу итхэр зэлъагъэIэсыну я мурадщ нобэ шууэ гъуэгу техьа щIалэхэм. Сэшхуэ фIэкIа Iэщэ ямыIыгъыу бий танкхэм япэщIэувауэ щыта шу дивизэм хэта ди нэхъыжьхэм я лIыгъэр цIыхухэм щамыгъэгъупщэжынырщ мы зекIуэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар. ЗэпэщIэтыныгъэм абыхэм хуащIа хэлъхьэныгъэм и фIыгъэкIэ, Сталинград деж щекIуэкIа зауэзэрылIым советыдзэм къалэр хуит къыщищIыжыфауэ щытащ. Адыгэ фащэ зыщыгъ шухэр игъащIэ лъандэми гур зыIэт сурэту кавказ цIыхубэм я нэгум щIэтщ. Лъэпкъылъыр къызэщIэзыгъаплъэ теплъэгъуэхэм я нэхъ ину жыпIэми ущыуэнукъым ди щIалэ къуданхэм XXI лIэщIыгъуэми яхъумэ ди лъэпкъым и шыфэлIыфэр. Иджыри къэс Адыгейм, Шэрджэсым, Шапсыгъым, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэм щызэхэзекIуа «Шу Хасэм» и гъуэгуанэм иджы ДжылахъстэнеймкIэ зигъэзащ. Шухэр Тэрч щежьэнурэ Курп лъагапIэхэм деж зекIуэр щаухынущ. ЗекIуэр зэрекIуэкIамрэ абы хэтахэм я сурэтхэмрэ иджыри дыпоплъэ. АпщIондэху Лермонтов Михаил адыгэ шыфэлIыфэр зригъэува сатыр цIэрыIуэхэр дигу къыдогъэкIыж: Хэт хъуну-тIэ мы гъуэгурыкIуэр? Урыс? Хьэуэ! Цей къызэрыкIуэ, Къэптал, хъур пыIэ, щхьэрыхъуэн; И кIэрахъуалъэм, сампIэ щIыкIэм «Куэд текIуэдакъым», - хужыпIэнщ. Бгырыпх щIэпхащ иджыри щауэм, И сэшхуэр мащIэу мэбыркъауэ. УпщIэ фочылъэм илъу Iэщэр Хужьыфэу и плIэм къыщотIей; Уанэгум ис бгырыс шууейр Къэзакъым сыту езмыгъэщхьрэт?! Пэжщ, сыщыуакъым – ар адыгэщ! Ауэ щытами къамылыфэу, Нэхъ сырыхуфэ къытеуащ; Хэтыху ищхъэрэ хьэуа псыIэм Ипщэрэ дыгъэр хэкIыжащ. ИтIани IупщIщ зэрыадыгэр! И набдзэр Iувщи, къашыргъэнэщ, Нэбжьыцхэр фIыцIэщ икIи кIырщ, ПсынщIэу мэIэбэ, и гур илъщ; ХамэщI щыхабзэр зимыщэным И пащIэ-жьакIэр имыупс; Тенджыз тхъурымбэуэ къыIупс Дзэ сатыритIри хужьыпсщ.
Поделиться:
Читать также:
01.07.2022 - 16:59 →
Псыхуабэ и псы хущхъуэхэр
01.07.2022 - 14:41 →
ШыфIыр лIыгъэм и ныкъуэщ
29.06.2022 - 15:06 →
Зэманым и хабзэм тети…
28.06.2022 - 18:31 →
Плъыфэхэм куэд къыбжаIэ
24.06.2022 - 13:25 →
«Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ»
|