«Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ»

Шыхулъагъуэ (Млечный путь). Жэщым гъуэгу пхыша фIэкIа умыщIэну уафэм щызэхэт вагъуэбэм «шыхулъагъуэ» фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный Путь» зыфIаща вагъуэ зэрыбыным щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. КIахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жаIэ.
Вагъуэзэшибл (Большая Медведица). Уафэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ, нэхъ ину вагъуибл къызыхэлыдыкI гупым зэреджэр «Вагъуэзэшиблщ». Абы щхьэкIэ иджыри «вагъуэкъащыкъ» жаIэ. Абы и фIэщыгъэр тхуихъумащ «Вагъуэзэшиблым зигъазэмэ, нэху мэщ» адыгэ нэщэнэм.
Гъуазэр, Ищхъэрэ вагъуэр, Вагъуэзэшиблыр, МыщэцIыкIу вагъуэр (Вагъуэбыныр) мазэхэ жэщым зекIуэлIхэм я гъуэгугъэлъагъуэу щытащ. Вагъуэзэшиблым Ищхъэрэ вагъуэм и хъуреягъыр зы жэщ зы махуэм къекIухь, абы къыхэкIыу жэщым зэманыр здынэсар ВагъуэзэшиблымкIэ къахутэу щытауэ ятхыж.
Нэхущвагъуэ (Венерэ). Абы «ВагъуэлыдкIи» Хэщхьэж вагъуэкIи йоджэ. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу планетэщи, IупщI дыдэу болъагъу. Мы вагъуэр ЩIымрэ Дыгъэмрэ я зэхуакум дэтщ, Дыгъэм къыщыпекIуэкIкIи жыжьэ IукIыркъым, щIэплъыпIэ нэзым (горизонт) и лъабжьэ зэи къакIуэркъым. Пщэдджыжь нэхулъэр къыщищIым - къуэкIыпIэмкIэ, дыгъэр щыкъухьэжкIэ къухьэпIэмкIэ къыщоблэ. Нэхущвагъуэм кIахэ адыгэхэр зэреджэр «Нэфылъ жъуагъэщ» (рассветная звезда).
 «Адыгэ псалъалъэми» «Адыгэ-урыс псалъалъэми» Хэщхьэж вагъуэр Ахъшэм вагъуэм иужь иту уафэм къотIысхьэ.
Вагъуэбэ (созвездие Тельца или созвездие Дельфина).
КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэ вагъуэ зэрыбынщ, ар гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэр багъуэу жаIэ. Вагъуэбэм теухуауэ пасэрей адыгэхэм жаIа нэщэнэхэр ди деж къэсащ: «Вагъуэбэр щIым хэплъэмэ, къэб къуэпсым зедз», «Вагъуэбэр къыхэмыплъауэ нартыхум зиIэтыркъым, апщIондэху хэхъуэгъуейщ», «Вагъуэбэр щIым зэрынэсу, щIыри псыри мэщтри, щIымахуэм щIедзэ», жаIэрт адыгэхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ Вагъуэбэм теухуауэ МафIэдз Сэрэбий итхари: «Илъэсыр IыхьиплIу гуэшыныр адыгэхэм «Вагъуэбэ» жыхуиIэ вагъуэ зэрыбыным ирапхырт. Вагъуэхэр зыдж щIэныгъэм Дыгъэр здрикIуэу жыхуиIэ Вагъуэ бын I2-м щыщу «созвездие Тельца» жыхуаIэм нэхъ тохуэ Вагъуэбэр. Ауэ адыгэхэм Вагъуэбэ жыхуаIэу щытам а Вагъуэ бын пщыкIутIри къызэщIрагъэубыдэу щытагъэнущ, иужькIэ, щIэныгъэу яIар щаIэщIэхужым, ди нэхъыжьхэм а фIэщыгъэцIэр Вагъуэ быным и закъуэ траубыдауэ. Дауэ щымытами, ди бзэм къыхэнауэ иджыри хэтщ мыпхуэдэ жыIэкIэхэр: «Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ». Вагъуэбэр щIым къыхэкIауэ щалъытэр гъатхэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдэ щыхъурт. Иджырей ди бжэкIэмкIэ ар зыхуэзэр гъатхэпэм и 2I-22 махуэхэрщ. Абдеж илъэсыщIэр къихьэу адыгэхэм ялъытэрт… Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 2I-22), гъэмахуэм щIидзэрт, Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (фокIадэм и 2I-22), бжьыхьэр къэсат, Вагъуэбэр щIым хыхьэжамэ (дыгъэгъазэм и 2I-22), щIымахуэр къихьат».
Ахъшэм вагъуэ (Марс). Шортэн Аскэрбий зэритхамкIэ, Ахъшэм вагъуэкIэ зэджэр Сириус вагъуэращ. Ахъшэм вагъуэр къитIысхьамэ, хэщхьэжыгъуэ хъуауэ къалъытэрт. «Уафэ джабэм кIэрыщтхьауэ Ахъшэм вагъуэр щIылъэм къыхуонэщхъеих», - етх Шортэн А. Апхуэдэуи Сириусыр адыгэбзэм къыщокIуэ «ВагъуэцIу» фIэщыгъэмкIэ.
ДэжыггъалIэ (Утренняя звезда). Сату щIыныр зи IэщIагъэ цIыхум пасэм щыгъуэ зэреджэу щытар дэжыгщ. Дыгъэр къыщIэкIын ипэ къуэкIыпIэм щыкъухьэж вагъуэ цIум ДэжыггъалIэкIэ йоджэ. Нэхущ вагъуэра и гугъэу дэжыгыр гъуэгу тезышэу дыгъужьым езыгъэшха вагъуэу IуэрыIуатэм къыхощ, аращ «ДэжыггъалIэ» фIэщыгъэцIэр щIигъуэтар. «Сондэджэрыр (журтыр) хьэм езыгъэшха» жиIэуи, Дэжыгыр лIыжьым и цIэуи къокIуэ.
Дэжывагъуэ, Дей жыг вагъуэ (Лира). ДэжывагъуэмкIэ сыхьэт бжыгъэр къращIэу щытащ. Щыплъагъур гъатхэпэрщ. КъухьэпIэмкIэ япэ дыдэу къыщыщIэкI вагъуэщ, пшапэ зэхэуа нэужь, фокIадэ-жэпуэгъуэ мазэхэми хуиту болъагъу. Мы вагъуэ зэрыбыным укIэлъыплъыну щынэхъыфIыр накъыгъэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм къызэщIаубыдэ пIалъэращ.
Вагъуэкъан – апхуэдэу йоджэ Марс, Юпитер, Сатурн планетэхэм.
Ахэр «насып вагъуэу» адыгэхэм къалъытэ. Зодиакым хэт Вагъуэ бын I2-ми чэзууэ яхуэхьэщIэурэ къакIухь. А вагъуищым щыщу зэ зыр, зэ тIур, зэми щыри зэгъусэу IупщIуу болъагъу!
Вагъуэбаш (Созвездие жирафа). ЗанщIэу зэкIэлъыкIуэу гъэмахуэ жэщ ныкъуэм деж къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыблэ вагъуищ.
Вагъуэиж (звездопад). И пIэм ижу жэщкIэ ялъагъу вагъуэ. Адыгэ литературэм ар къыщыхьащ мыпхуэдэу: «Шу ерухэр къэсынщ, имыщIэххэу пщащэр щIакIуэм кIуэцIагъэджэрэзэнщи, вагъуэижу ежьэжынщ».
ВагъуэкIапсэ (созвездие Андромеды). Уэгум и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыплъагъу вагъуэ гуп щхьэхуэ.
ВагъуэкIэху (комета). Жэщ уафэм пшэ нэху Iэрамэм кIэм ещхьу къыхэщ нэхугъэ. Жэщыр бзыгъэмэ, ВагъуэкIэхур уолъагъу.
Вагъуэщэлъахъэ (созвездие Стрелы). Шым иралъхьэ щэлъахъэм хуэдэу плъагъу вагъуэ гуп.
Вагъуэгублащхьэдэс - созвездие Трубка Арктура.
Вагъуэсокъурэ - созвездие Чаши.
Вагъуэхьэлывэ - созвездие Светлая корона.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: