Плъыфэхэм куэд къыбжаIэ

ЦIыху балигъым плъыфэу мини I00-м нэс зэщхьэщегъэкIыф. СурэтыщIхэм къалъэгъуф плъыфэ мелуани I0-м нэблагъэ. ЩIэныгъэлIхэм, психологхэм зэрыжаIэмкIэ, плъыфэхэмрэ цIыхумрэ зэпыщIэныгъэшхуэ яIэщ. ЦIыхум и гукъыдэжыр елъытауэ щытынкIэ хъунущ абы. 
 Швейцарием щыщ психолог Люшер Макс илъэс куэдкIэ къипщытащ плъыфэхэр. Абы и мурадт психодиагностикэ щIэныгъэм плъыфэхэр къыщигъэсэбэпыну, цIыхум и гукъыдэжым, и зыщIыкIэм, и гупсысэхэм плъыфэхэмкIэ кIэлъыплъыну. Плъыфэ зэхуэмыдэу 5000-м нэблагъэ щигъэунэхуащ и къэпщытэныгъэхэм. ИкIэм-икIэжым (I949 гъэм) и гугъуехьым кърикIуащ психологием и къэпщытэныгъэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэу къалъытэр – Люшер и тесткIэ зэджэр. Ар щыIэщ лIэужьыгъуитIу: гъэкIэщIарэ зыубгъуауэ. Япэм къигъэувхэр тыншу богъэзэщIэф: плъыфэ зэмыфэгъуу 8 къыщыгъэлъэгъуа тхылъымпIэ плIимэхэр (карточкэхэр) цIыхум и пащхьэм иралъхьэ. Плъыфэхэм хеубыдэ нэхъыщхьэу 4: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щIыху; гуэдзэнуи апхуэдиз: шакъафэ, гъуабжэ, яжьафэ, фIыцIэ. Гъэунэхуныгъэм хэтыр хагъадэри, и гум нэхъ дыхьэр къыхрагъэх. ТхылъымпIэ зэмыфэгъухэр яухыху, зэкIэлъхьэужьу плъыфэхэр къыхех абы. Мыхьэнэ иIэщ ахэр зэрызэкIэлъыхьам. 
Зыубгъуа лIэужьыгъуэм плъыфэхэр нэхъыбэу къыщыгъэсэбэпащ. МащIэу зэфэгъу хуэдэхэр тIурытIурэ къагъэтIылъ. Псалъэм папщIэ, удзыфэпсрэ щхъуэ-удзыфафэрэ. ЦIыхум гупсысапIэ йомыту, псынщIэу къыхебгъэхын хуейщ тIум яз. 
КъызэрахутамкIэ, Люшер и тестымкIэ нэсу зэхэбгъэкIыфынущ цIыхум и гупсысэр зэрызэтеухуамрэ, и гум щыщIэхэмрэ, и щхьэ зэрыхущытыжымрэ къэзыухъуреихьхэм яхуиIэ щытыкIэмрэ. Тестым къибджыкIыжыфу жаIэ зэгуэр абы игъэвауэ щытахэр. 
Люшер и плъыфэхэм я лэжьэкIэр нэхъ зэхэщIыкIыгъуафIэ хъун папщIэ, щапхъэкIэ къэбгъэлъагъуэми хъунущ. Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэ зэкIэлъыкIуэкIэр: I-щIыху, 2- гъуабжэ, 3-гъуэжь, 4-шакъафэ, 5-фIыцIэ, 6-удзыфэ, 7-яжьафэ, 8-плъыжь. 
Япэу щIыхурэ гъуабжэрэ къызэрыкIуэм къокI цIыхур Iуэхугъуэ гурым егъэлеяуэ зэригъэгузавэр, хьэлэбэлыкъ зэрыхэтыр. И щхьэр здихьын имыгъуэт пэтми, ар икIи мэшынэ и закъуэу къэнэнкIи. Абы Iуэхур нэхъри гугъу ещI. Яжьафэмрэ плъыжьымрэ иужь къызэрыринам къыбжеIэ а цIыхум зызэрызытриубыдэжыфыр, и губжьр игъэпщкIуну зэрыхэтыр. ЩIыхумрэ плъыжьымрэ я зэкIылъыхьыкIами мыхьэнэ иIэщ (щIыхур –япэу щытщ, плъыжьыр – иужь дыдэу). Абы къокI гукIэ игъэвхэр имыгъэлъэгъуэну зэрыхэтым, и губжьыр мащIэ-мащIэурэ зэримыгъэтIысым плъыфэхэм хэда цIыхур нэхъри зэригъэжэщIыр, уеблэмэ гу уз абы къызэрыхихар. ЩIыху, гъуэжь, удзыфэ, плъыжь фэхэм я зэпэщылъыкIэ хъуам къыхыболъэгъукI а цIыхум и хьэл-щэныр. Ар ящыщкъым, мурад быдэ зыгъэуву абы ерыщу хуэкIуэхэм. Щхьэхынэщ, гу пцIанэщ, Апхуэдэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъщ, Къэзыухъуреихьхэм ятригъэкIуадэ хабзэкъым псэ хуабагъэ. ЩхьэзыфIэфIу аракъым, а псэ хуабагъэм хуэныкъуэIауэ къилъытэркъыми аращ. 
Плъыфэ гуэдзэнхэм (гъуабжэ, гъуэжь, фIыцIэ) етIуанэ, еплIанэ, етхуанэ увыпIэр къалъысащ. ЦIыхум гугъуехьхэр зэман кIыхь хъуауэ егъэв. Зэ щхьэкIэ зызэтриубыдэф пэтми, и псантхуэхэр махэ дыдэ хъуащ, и жыджэрагъэм процент 30 хуэдиз кIэрыхуащ. 
Люшер плъыфэ нэхъыщхьэхэмрэ гуэдзэнхэмрэ нэщIысыпауэ къыхихащ, къигъэсэбэпащ. Иджыпсту тестыр компьютеркIэ пщIыж хъууэ щыIэми, плъыфэхэр зэрыт тхылъымпIэ плIимэхэр къэбгъэсэбэпмэ нэхъыфIщ. Компьютерым плъыфэхэм зэхъуэкIыныгъэ щрит, нэгъуэщIу къыщигъэлъагъуэ щыIэщ, сыту жыпIэмэ, мониторым узэпхырыплъын хуей мэхъу. Плъыфэхэм я зэтемыхуэныгъэ мащIэри тестым и пэжагъым зэран хуохъу.
А зэманым плъыфэхэм щIэныгъэ къыхэзыхыу щытар Люшер и закъуэкъым. США-м, Нью-Джерси щыIа зы типографием я тхылъхэр теплъэкIэ нэхъ щIэщыгъуэ, щIэджыкIакIуэр дэзыхьэх ящIын папщIэ, абы ирагъэлэжьыну химик Герберт Лоуренс IуэхущIапIэм ирагъэблэгъащ. IуэхущIапIэ псом зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщигъэхъуащ абы. Тхылъ щытрадзэкIэ къагъэсэбэп зэралэ пигментхэм набдзэгубдзаплъэу елэжьащ – хэлъхьапхъэу къилъытэхэр хилъхьащ, лейуэ къыщыхъухэри лъэныкъуэ иригъэзащ. I956 гъэм шакъэхэр щызэхащIэ къудамэр абы и нэIэ щIагъэува нэужь, типографием щIыхуэу къытехуауэ щытащ доллар 50 000. ИлъэсипщI дэкIри, Герберт и фIыгъэкIэ IуэхущIапIэр егъэлеяуэ къулей хъуащ. Герберт Лоуренс езым и улахуэм къыхиха доллар 50 000-мкIэ иджы типографиер къищэхужат. Плъыфэхэм ирищIылIа къэхутэныгъэм фIищащ «Pantonе». Патенти зэригъэпэщыжащ. Иджыпсту ар плъыфэ 2I6I - рэ зыхэт системэщ. Капщтэмэ, абы и плъыфэхэм я щытыкIэр Люшер и тхылъымпIэ плIимэхэм хуэбгъадэ хъунущ. Ауэ Герберт и къигъэсэбэп плъыфэхэр егъэлеяуэ куэд мэхъу. Псалъэм папщIэ, гъуэжь къудейр егъэлеяуэ куэду зэщхьэщокIыж. Иджыпсту къыдэкIыгъуэхэр зэмыфэгъуу тезыдзэ тхылъ тедзапIэм я нэхъыбэм плъыфэ нэхъыщхьэу къагъэсэбэпыр плIыщ: гъуэжь, щхъуэ, тхьэмбылыфэ, фIыцIэ. Тхылъхэмрэ журналхэмрэ щытлъагъу адрей плъыфэхэр мис а плIыр зэхащIэурэ зыIэрагъэхьэхэрщ. «Pantonе» графикэ щхьэхуэм тет системэу, брендхэмрэ дизайнерхэмрэ сэбэп яхуэхъуу къежьащ. Иджыпсту ар структурэ абрагъуэщ. ЗыгъэпсэхупIэхэр, шхапIэхэр егъэлажьэ.
XXI -нэ лIэщIыгъуэм «Pantonе» институтым пщэрылъ зыщищIащ илъэс къэс плъыфэ щхьэхуэкIэ игъэбелджылыну. 2000 гъэ лъандэрэ къэрал зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр зэхуосри, къыкIэлъыкIуэ илъэсым и плъыфэр къыхах. А плъыфэм къигъэлъэгъуэн хуейщ зэмыным и пщалъэр. 20II гъэм, псалъэм папщIэ, хухахауэ щытащ щхъуэ-удзыфафэр. «Pantonе»-м и лIыкIуэхэм 2022 гъэм хуагъэфэщащ шакъафэ-плъыжьыфэ къызыщIэуэ щIыхур. 
 

 

 

Зыгъэхьэзырар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: