НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Налшык къалэм щекIуэкIащ «Шиповка юных» атлетикэ псынщIэ четырехборьемкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ 2007-2008, 2009-20I0, 20II-20I2 гъэхэм къалъхуахэмрэ. Зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Олимп резервыр щагъэхьэзыр спорт школым и тренерхэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыщыIэ ЩIалэгъуалэ советымрэ. Псори зэхэту абы ирихьэлIащ цIыхуищэм щIигъу. 

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм я ныбжь елъытауэ гуэшауэ щыта гупхэм пашэныгъэхэр щаубыдащ Къуэдзокъуэ Дианэ, Наурыз Самирэ, Бахъуэ Роксанэ, Жылау Идар, МамыкIэ Саид, Къэшэж Ренат сымэ. 
Зэхьэзэхуэм абсолютнэ текIуэныгъэр къыщихьащ очко бжыгъэ нэхъыбэ дыдэ хъыджэбз цIыкIухэми щIалэ цыкIухэми я деж щызыIэрызыгъэхьа Къуэдзокъуэ Дианэ. Абы иратащ КъБР-м Спортым и ветеранхэм ягъэува фэеплъ кубокыр. 
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ хэтынущ фокIадэм Адлер щекIуэкIыну «Шиповка юных» атлетикэ псынщIэ четырехборьемкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэм. 
 

Мэзкуу Къан.
Поделиться:

Читать также: