Спортым и мастерхэр![]() «Терек-Олимп» спорткомплексым и алэрыбгъухэм иджыблагъэ зыкъыщагъэлъэгъуащ къэралым и щIыпIэ 23-м къикIа самбисти 120-м нэблагъэ. Абыхэм яхэтакъым спортым и мастерым и кандидатым и зэфIэкIым нэхъ мащIэ зиIэ. СССР-м спортымкIэ и мастер Пэнагуэ Къазбэч и фэеплъ зэхьэзэхуэм зэхуишэсат Урысей Федерацэм самбэмкIэ нэхъ щылъэрызеехьэхэр. Хэлъагъи 8-м щызэпэщIэта дэтхэнэми, бжьыпэр иубыдмэ, Iэмал иIэт спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIэну. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъухэри. Килограмм 88-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж пашэныгъэр къыщихьащ Пщынокъуэ Альберт. КIэух зэIущIэм ар щефIэкIащ Бабгуей Олег. Ахэр ягъасэ Махуэ Олегрэ Ким Русланрэ. Килограмм 58-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Биналиев Вейсал. Ар егъасэ Марышев Эдуард. КIэух зэIущIэращ къыщыхагъэщIэфар Щоджэн Ислъам. Килограмм 98-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж Ким Руслан и гъэсэным дыжьын медалыр къыщихьащ. Джылахъстэнейм къыщыхэжаныкIа ди щIалэхэм иджыри зэхьэзэхуэ инхэр мы гъэм къапоплъэ. Къаудыгъу Заур.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





