Узыхуэсакъыжмэ...![]() Эхинококкозыр – ар цIыхум и Iэпкълъэпкъ зэхуэмыдэхэм зыщаубгъукIэрэ маркуэ лIэужьыгъуэхэм къагъэхъу узыфэщ. Абы Iэпкълъэпкъым аллергие кърет, псом хуэмыдэу тхьэмщIыгъумрэ тхьэмбылымрэ и зэран йокI. Узыфэ бзаджэр къэзыгъэхъейр мм 2-7 хъууэ кIэтIийм ирищIэ хьэпщхупщ лIэужьыгъуэщ. Бэгъуэн ныбжьым щитым и деж абыхэм я псэупIэр джэдум, хьэм, дыгъужьым, псэхэлIэ зышх нэгъуэщI псэущхьэхэм я кIэтIий псыгъуэрщ. Хупс щIыкIэу щыщытым и деж а хьэпIацIэхэр цIыхум, унагъуэ Iэщхэм я кIуэцIым щопсэу. Абдежым а хьэпщхупщым зыщеужь, абыхэм къадохри, дунейм къытохьэ. Псом хуэмыдэу а узым зиубгъунымкIэ шынагъуэ къэзышэр хьэхэрщ. Зи гугъу тщIы узыр зыпкърыт псэущхьэрщ цIыхур къэзыцIалэр, абыхэм я цым, бзэгум, апхуэдэуи къэкIыгъэхэм, псы фIейхэм уащрохьэлIэ ар зэбгрызых джэдыкIэ цIыкIухэм. Къапщтэмэ, цIыху сымаджэм нэгъуэщI ицIэлэнкIэ шынагъуэ щыIэкъым. Хупсыр цIыхум и кIэтIийм зэрынэсу, зэуэ абы и Iэпкълъэпкъым зыхегуашэ. Нэхъыбэм тIысыпIэ ящI тхьэмщIыгъур, языныкъуэхэр тхьэмбылым, жьэжьейм, щхьэ куцIым къыщоувыIэ. Мазитху дэкIа иужь, абыхэм псы зрищIа купсэ къагъэхъу икIи цIыхум и Iэпкълъэпкъым къытехьэлъэу мэхъу. Маркуэ купсэм тхьэмщIыгъум зыщыщиубгъукIэ Iэпкълъэпкъыр хьэлъэ ещI, дзажэналъэ ижьым и лъабжьэр мэуз. Тхьэмбылым нэсамэ, уи бгъэгур узу, уигъапсчэу, хьэлъэу убауэу, температурэ лъагэ къуиту мэхъу. Купсэр шын хъумэ е къауэмэ, абы цIыхур илIыкIынущ. Узыфэм зыщыпхъумэн папщIэ хьэм уеIусамэ, хадэм ущылэжьамэ, Iэмал имыIэу уи Iэр къабзэу птхьэщIыжын, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр къэбгъэсэбэпын ипэкIэ фIыуэ бгъэкъэбзэн, псыр къэгъэкъуэлъэн хуейщ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





