ЩIыуэпсым и махуэшхуэ

         СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, ТворчествэхэмкIэ Дунейпсо Академием хэт, академик Конин Анатолэ и лэжьыгъэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс - 75-рэ, республикэм и къэралыгъуэр - илъэси I00 зэрырикъум я щIыхькIэ.

- Мы гъэлъэгъуэныгъэр «щIыуэпсым и махуэшхуэщ», - жиIащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ выставкэр къыщызэIуихым. – Пэшым щагъэлъагъуэ  гъэм и зэман зэмылIэужьыгъуэхэм ди щIыналъэм и щIыпIэхэм   я дахагъэр къызэрыщ сурэтхэр.

         СурэтыщIыр къыщалъхуа Старэ Шэрэдж къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Мэрзей Хьэчим и псалъэм къыхигъэщащ апхуэдэ художник цIэрыIуэ я жылэм къызэрыдэкIам, къуажэм щIэх-щIэхыурэ кIуэжурэ ныбжьыщIэхэм зэраIущIэм, и лэжьыгъэхэм, щIыуэпсым и дахагъэм зэрахутепсэлъыхьым, щIэблэр гъуазджэм зэрыщIипIыкIым зэрыригушхуэр.

         - ЩIыуэпс телъыджэр плъыфэ лIэужьыгъуэхэмкIэ къэзыгъэлъагъуэ, узытхьэкъу дахагъэкIэ гъэнщIа лэжьыгъэхэр ди пащхьэ кърихьащ Анатолэ. И выставкэм къекIуэлIахэм я гум  дахагъэ къыщызыгъэуш сурэтыщIщ ар, - жиIащ музейм и къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ.

Ди щIыпIэ дахэм   зыщиплъыхьыну фIыуэ зылъагъу сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуащ пщэдджыжь нэхулъэм къэунэху пшэплъыр, дыгъэ къухьэжыгъуэм тхьэмбылыфэу зызыхъуэж пшэхэр, удз гъэгъакIэ уфа губгъуэхэр, жыг гъэгъахэр. А сурэтхэр апхуэдизкIэ гунэс пщохъури, ущыпсэу щIыналъэм и щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу уещI. Художникым а дахагъэр тхылъымпIэм къыщигъэлъагъуэ къудей мыхъуу, а лэжьыгъэхэм езым и Iуэху еплъыкIэрэ и дуней лъагъукIэрэ хеухуанэ. Ахэм хыболъагъуэ сурэтыщIым щIыуэпсым, гъуазджэм, дахагъэм хуиIэ лъагъуныгъэр.

КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Темыркъан Геннадий  Май районым, Новоивановкэ, Шэрэдж къуажэхэм я щIыпIэ дахэхэр къыщигъэлъэгъуа  и лэжьыгъэхэм  папщIэ Анатолэ фIыщIэ хуищIри, и гуапэу жиIащ ар щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ фIыуэ хэзыщIыкI художникыу зэрыщытыр, и сурэтхэм еплъхэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ зэраритыр.

Конин Анатолэ псалъэ гуапэхэр яхужиIащ выставкэр къызэзыгъэпэщахэм, абы  къыщыпсэлъахэмрэ зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ. Абы жиIащ и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къызэрехъулIар и ныбжьэгъу пэжхэр къызэрыдэIэпыкъуам я фIыгъэу къызэрилъытэр.

Урысейм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Австралием, Германием, Бельгием, Тыркум, Израилым щыпсэухэу Конин Анатолэ и сурэтхэр зигу дыхьэхэм ахэр зэхуахьэс. КъищынэмыщIауэ, ахэр щахъумэ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм. Конин Анатолий и   выставкэхэр I972 гъэм къыщыщIэдзауэ Налшык, Германием и Штраусберг, Вюнсдорф къалэхэм щекIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ щIыналъэпсо,  республикэпсо, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэми жыджэру хэтщ.

 

 

 

 

 

 

Тхыгъэри сурэтри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.
Поделиться: