ЗауэлI молэ

Зауэ IэнатIэм Iута чыристан дин лэжьакIуэхэм я бжыгъэр куэдыкIейщ. Гъунэгъу къэралхэм езауэ зэпыту къекIуэкIа Урысей къэралыгъуэм и армэм и дин гъуазэхэр нэгъунэ хигъэхьащ, абы къыхэкIыу зауэлI дамыгъэ щоджэным и бгъэм хэлъу плъагъуныр бгъэщIэгъуэн хуэмеиж Iуэху къызэрыкIуэ хъуат. Абыи къыщымынэу, щапхъэ щхьэхуэхэр щыIэщ зауэлIхэр зэрагъэлъапIэ нагъыщэхэмкIэ чыристанхэм нэмыщI, нэгъуэщI дин зезыхьэхэри къыщыхагъэща. 

Шуудзэ Щхьэмыгъазэ цIэр зезыхьэ Кавказ лъэпкъ шууей дивизэр цIэрыIуэ хъуат Зауэшхуэм и лъэхъэнэм. Армэм къулыкъу щащIэну къэрал хабзэкIэ къызытемыхуэ кавказырысхэм я гукъыдэжкIэ къызэрагъэпэща а шуудзэр I9I4 гъэм зауэ IэнатIэм Iухьэну хунэсри, австрийцхэм япэщIэувакIэт. Шуудзэ Щхьэмыгъазэм и япэ унафэщIу щытар а лъэхъэнэм пащтыхьу тета Николай ЕтIуанэм и къуэш нэхъыщIэ Романов Михаилщ. Япэ дыдэ зэфIагъэувари Къэбэрдей шуудзэ полкырщ. Абы зауэлI къызэрыгуэкIыу 6I5-рэ хэтащ, 43I-р къэбэрдей адыгэу, 75-р балъкъэру. Шуудзэм молэ иIэн хуейуэ къэралыгъуэм хабзэкIэ къигъэуват. Къэбэрдей полкым а къулыкъур Щоджэн Алихъан щызэрихьащ. 
I9I5 гъэм и мазаем Шуудзэ Щхьэмыгъазэр, Карпатхэр къуршхэм деж щекIуэкIа зэхэуэ ткIийхэм хэтагъащIэу, Самбор къалэм пэмыжыжьэу Станиславов деж (иджырей Ивано-Франковск) бийм щебгъэрыкIуэн хуей хъуащ. Мазаем и I3-м полкым унафэ къыIэрыхьащ Подгорки къуажэр иубыду шуудзэр Станиславовым пэIэщIэ ящIын папщIэ ялъэкI къамыгъанэу къебгъэрыкIуэ австрийцхэм псы зэпрыкIыпIэр Iэрамыгъэхьэу яхъумэну. 
МахуитIкIэ, мазаем и I3-I4 - хэм австрийцхэм зэпыу ямыIэу топышэр трагъэлъэлъащ къэбэрдейхэм зыщаIыгъ щIыпIэм, ауэ полкыр и пIэм ирагъэкIыфакъым, езыхэри къатеуэну тегушхуакъым. 
И лъахэгъу муслъымэнхэм я гъуазэ, Къэбэрдей полкым и молэ Щоджэн Алихъан лIыгъэшхуэрэ хахуагърэ къыщызыкъуихащ Подгорки деж. Полкым и командирым лъагэу иIэтащ къадым и фIыщIэр икIи щхьэкъэIэтыпIэ къезымыт топышэхэм ямыгъэдзыхэн хуэдэу, зауэлIхэр зыгъэгушхуэфа Алихъан-хьэжы «Георгий и жор» дамыгъэр къратыну хуигъэфэщащ. 
Шуудзэ корпусым и командир генерал-лейтенант Нахичеванский Гуссейн-Хъан итхыжа унафэм къыхощ: «Къэбэрдей шуудзэ полкым и къады Щоджэн Алихъан Подгорки къуажэм деж щекIуэкIа зэхэуэм полкыр езым и гупыжкIэ щришажьэри, зэпыу зимыIэ топышэхэмрэ фочышэхэмрэ япимыкIуэту, игъэгушхуа зауэлIхэм лIыгъэшхуэ зэрахьэнымкIэ щапхъэ яхуэхъуащ». Дин лэжьакIуэхэм ящыщу пщIэ нэхъ лъагэ дыдэ зиIэу къалъыта зауэлI молэр иужькIэ прапорщик ящIри, офицерхэм хагъэхьащ. 
Зауэ нэужьым, куэд дэмыкIыу Щоджэн Алихъан и гъащIэм гузэвэгъуэ къыхэхьащ. 
I9I7 гъэм «Бгырыс республикэ» фIэщыгъэмкIэ тхыдэм къыхэна, «Кавказ Ищхъэрэм, Дагъыстэным, Абхъазым щыщ бгырысхэм я Зэгухьэныгъэ» Урысейм щызэфIэува нэужь, Щоджэн Алихъан абы и Дин къудамэм къэбэрдей лъэпкъым къыбгъэдэкIыу хагъэхьэ. I9I8 гъэм и фокIадэм Щоджэн Алихъан «Налшык округым и Лъэпкъ Хасэм и Дин къудамэм» къызэригъэпэща, Граждан зауэм и лъэхъэнэм зэпэщIэува лъэныкъуэхэр зэгъэкIужыным хуагъэпса Комиссэм щолажьэ. А илъэс дыдэм и щэкIуэгъуэм Алихъанрэ и къуэшхэмрэ большевикхэм яукIащ. 
 

 

«Дружина» тхыдэ-литературэ журналым и Интернет-сайтым къитхащ.
Поделиться: