Богдановкэ щызэтраукIат

Тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэщыж гузэвэгъуэхэм ящыщщ Богдановкэ къуажэм къыщыхъуар. А жылэр Мэздэгу пэжыжьэкъым, Ставрополь крайм и Степновскэ районым щыщщ. Журтхэращ зауэм ипэкIэ абы нэхъыбэу дэсар. 
I942 гъэм а къуажэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм къелахэм ящыщ зыщ Призовэ Алисэ. Илъэс I5-м итт ар абы щыгъуэм. Пщащэр ажалым къезыгъэла урыс фызыжьыр хэтми къахуэщIакъым. Призовэ Алисэ и закъуэщ I964 гъэм Шифер Федор и хьэкумыр щащIэм, ар зэрагъэкъуаншэмкIэ щыхьэту судым хэтар. Федори Богдановкэ къуажэм щыщт. Абы фашист комендантым бзэгу хуихьащ: «Къуажэм дэсым я нэхъыбэр журтщ», - жиIэри. 
ЯпэщIыкIэ комендантым и фIэщ хъуакъым: я теплъэкIи, я хабзэкIи ахэр ещхьтэкъым езым ицIыху журтхэм. И унафэщIхэм хъыбар яригъэщIащ шэч къыщIихьым теухуауэ. ЩIэх дыдэу къыIэрыхьэжащ жэуапыр: «Хьэ фIыцIэри хужьри зэщхьщ. ЗэтевукIэ!» 
Къалэн къыщащIар игъэзэщIэн папщIэ, хьэлъэзешэ машинэ I5-рэ сэлэт гупрэ къратащ. Къуажэдэсхэм жраIащ, фронтыр гъунэгъу къызэрыхъуам къыхэкIыу, ягъэIэпхъуэн хуейуэ. Ахъшэ, дыщэ-дыжьын хуэдэрэ зыхуеинкIэ хъуну хьэпшып цIыкIуфэкIурэ фIэкIа къыздамыщтэну унафэ хуащIащ. 
ФокIадэм и 25-м пщэдджыжьыр сыхьэти 4-м ахэр школ бжэIупэм щызэхуашэсри, куууэ къратIыкIауэ щытауэ, ауэ псы къимылъэдауэ I930 гъэ лъандэрэ щыт псыкъуийм деж яшащ. Белхэр хуагуэшри, абы и ихьэпIэр нэхъ ин ирагъэщIащ. Iуэхур зэрызэфIэкIыу, пулеметхэмрэ автоматхэмрэкIэ балигъхэр щIагъэлъэлъащ, сабийхэм я Iупэм щхъухь IуацIэлъурэ, ахэри псыкъуийм ирадзэжащ.
 Быдзафэхэр зэрыпсэууэ ирадзауэ жаIэ. Шифер Федор и хьэкумыр щащIэм и къуажэгъу 472-рэ зэрыригъэукIамкIэ ягъэкъуэншащ. А бжыгъэр къыджезыIар тхыдэтх Даниловэ Светланэщ. 
Ставрополь къэрал университетым щезыгъаджэ Войтенкэ Еленэ и диссертацэм нэгъуэщI бжыгъэщ къыщигъэлъагъуэр - 850-рэ! 
Богдановкэ къыщыхъуар зи нэгу щIэкIа Амирамов Сергей игу къигъэкIыжырт: 
- Сэ сыкъезыгъэлар урыс цIыхубз Клавэщ. Си анэшхуэ-адэшхуэмрэ си благъэхэмрэ срагъусэу дызрагъэтIысхьэну машинэмкIэ дыщыкIуэм, абы си Iэр иубыдри, и унэм сишащ икIи мэкъуэщым сыщигъэпщкIуащ. Сэр нэмыщI а мэкъум хэст зы хъыджэбз цIыкIурэ щIалэ цIыкIуитIрэ. Сэ абы щыгъуэм илъэситхут си ныбжьыр. Си Iыхьлыуэ цIыху I8 яхэлъщ псыкъуийр хьэдэ мащэ зыхуэхъуа си лъэпкъэгъухэм.
 ИужькIэ израил тхакIуэ хъуа, а зэманым Дзэ Плъыжьым и офицер-топгъауэу щыта Илишаев Нисим жиIэжырт: 
- I942 гъэм и кIэм дэ яужь дихьащ Кавказ Ищхъэрэр хуит къэщIыжыным. Гузэвэгъуэ куэд тлъэгъуащ, ауэ Богдановкэ къыщыхъуам уи псэр игъэхыщIэт, уигъэшынэрт цIыхум апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъ къыкъуэкIынкIэ зэрыхъунум. Богдановкэ къуажэм дэт псыкъуийм щхьэщаукIыхьат жьыкIэфэкIэхэри, цIыхубзхэри, сабийхэри.
А кхъащхьэм деж дыздэщытым дэ жытIэрт: «Ди псэм къеIэм хуэдгъэгъункъым! ЩIэпхъаджащIэхэм дэнэ зыщагъэпщкIуми, къэдгъуэтынщ икIи я хьэкъ IудгъэщIэнщ!» 
Къэхъуар зылъэгъуахэм жаIэрт псыкъуийм иратхъуэжа щIыр махуищкIэ хъеяуэ, щэIу макъ къыщIэIукIауэ. 
 

 

Карпенкэ Илья.
Поделиться: