КIэрэф Iэминэ:ГъэщIэгъуэнщ си лэжьыгъэр

КIэрэф Iэминэ экономист ныбжьыщIэщ, «Банк «Нальчик» ООО-м и лэжьакIуэщ. ФIы­уэ зыхэгъуэза и IэщIагъэм гурэ псэкIэ пэрытщ, зэрыжиIэмкIи, абы гъащIэм къы­щыхуэсэбэп куэдми хуегъасэ. И IэщIагъэм, зыдихьэххэм ­теухуауэ деп­сэ­лъащи, дывдогуашэ. 

- Iэминэ, дэнэ щIэныгъэ щы­зэбгъэгъуэтар? 
- Белгород потребкооперацэмкIэ и университетым Налшык щиIэ и къудамэр 2010 гъэм экономисту къэзухащ. Гупым и старостэу, студсоветым и уна­фэщIым и къуэдзэу сыщытащ деджэху. Си студент гъащIэр щIэщыгъуэт, Iуэху дахэхэмкIэ, тхылъыфIхэмкIэ гъэнщIат. Жы­джэру сыхэтт щIалэгъуалэм ­папщIэ республикэм щекIуэкI Iуэхухэм. Сыстуденту «Си къэ­рал - си Урысей» зэпеуэм сы­щыIащ, бизнес-проект згъэхьэ­зырри. 2008 гъэм сыхэтащ студент, еджакIуэ жыджэрхэм къы­зэрагъэпэщ «Дызэкъуэтщ» Iуэхум. Псапэ зыпылъ Iуэхухэми куэдрэ сыхыхьэрт, уеблэмэ къызэзгъэпэщырт. Сабий ны­къуэдыкъуэхэм папщIэ щыIэ «Эдельвейс» клубым фIыщIэ тхылъ къысхуигъэфэщауэ щытащ абы папщIэ. ЩIы-про­мышленнэ комплексым елэжь щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я етIуанэ щIэныгъэ конференц Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъу­мэш университетым щекIуэ­кIырти, абы иджырей эконо­микэм пыщIа Iуэхугъуэхэм теу­хуауэ сыкъыщыпсэлъат. Мис ахэр си гум нэхъ къинащ.
- Иджыпсту узыпэрыт лэ­жьыгъэм сыт удэзыхьэхыу хэлъыр? 
- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэ­зуха нэужь, «Банк «Нальчик» ООО-м и учёт-операцэ къудамэм экономисту лэжьэн щы­щIэздзащ. Си къалэныр - цIыху щхьэхуэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, IуэхущIапIэхэм, фирмэхэм, зэгухьэныгъэхэм банк Iуэхутхьэбзэхэр яхуэсщIэнырт. Илъэсищ дэкIри, а къудамэм и экономист нэхъыжь сащIащ. Абы щыла­жьэ псоми ящIэм сыщыгъуэ­- зэн икIи сыкIэлъыплъын ­хуейщ. Си лэжьыгъэм икъукIэ жэуап­лыныгъэшхуэ пылъщ, пэжым ухуеймэ. Ар ахъшэ Iуэхум зэ­репхам и закъуэкъым щIы­жысIэр. Ди IуэхущIапIэм къе­кIуалIэхэр зыщIэупщIэм теу­хуауэ жэуап, чэнджэщ еттын ­папщIэ, щIэныгъэри мащIэщ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ тэмэм уиIэн хуейщ. Дэ цIыхуу къыдэкIуа­-лIэм хьэл-щэн зырыз яхэлъщ. Дащепсалъэм деж, ар къэдмылъытэу хъунукъым. Хэбгъэ­зыхьмэ, психолог щэн гуэрхэри къызыкъудох. ЦIыхухэр къыдоцIыху, я гупсысэхэр зыхэтщIэ мэхъу. Си лэжьыгъэм нэхъыщ­хьэ дыдэу хэлъыр, дауи, Урысей Федерацэм и хабзэхэмрэ Урысей Банкым къигъэув мардэ­хэмрэ сригъуэзэн зэрыхуейрщ. Банкым щылажьэ экономис­-тым ахэр зэтещыпыкIауэ ищIэн ­хуейщ. Дэтхэнэ зы Iуэхутхьэбзэри набдзэгубдзаплъэу къы­допщытэ. Мыбдеж къэлъытапхъэщ къыдэхьэлIа хабзэхэр зэ­пымыууэ дджыжын, щIэуэ къащтэм дыщыгъуэзэн зэрыхуейр. Сыту жыпIэмэ, абыхэм щIэх-щIэхыурэ зэхъуэкIыныгъэхэр ­халъхьэ. ГъэщIэгъуэн, жыпIэмэ, гъэщIэгъуэнщ си лэжьыгъэр, сыдехьэх. Махуэ къэс щIэ гуэрхэр къызощIэ.
Набдзэгубдзаплъэу ущы­ты­ныр, пэжагъ пхэлъыныр, захуэм утетыныр, гупым уахэту улэ­жьэфыныр - ахэр пхэлъын ­хуейщ. А псом нэмыщI, ди IуэхущIапIэм и хабзэ нэхъыщхьэр - банк щэхур хъумэныр - къыхэзгъэщынут. Ди унафэщI Эндреев Борис зэрыжиIэщи, «лэжьапIэм дыщIэкIыжакъэ, абы епха псори зыщыдогъэгъупщэ».
- Iэминэ, уи сабиигъуэмрэ IэщIагъэ пхуэхъуамрэ зэ­пы­щIа, уехъуапсэу щыта экономист ухъуну?
- Си сабиигъэум епха гукъэ­кIыжхэр сыт щыгъуи гуапэщ. Анэшхуэ-адэшхуэм сазэрыбгъэ­дэсам къысхилъхьащ хуабагъэ мыкIуэщI. Си адэшхуэр езыр бухгалтерт. Школым сыщIэ­мы­тIысхьэ щIыкIэ абы сигъэщIат бжэкIи, зэрагъэбагъуэ зэрагуэшри, сригъэсат шахматрэ шашкэрэ сыджэгуфу. Арауэ къыщIэкIынущ сэ IэщIагъэ схуэхъуам гу хузэзыгъэщIари. Си анэри экономистщ. Экономист унагъуэм сыкъыхэхъукIащ. 
- Школым математикэмрэ физикэмрэ нэхъыфI дыдэу щып­лъэгъуауэ къыщIэкIынущ…
- Хьэуэ - тхыдэращ. Уеблэмэ тхы­дэмкIэ егъэджакIуэ сыхъуну сехъуапсэрт.
- Сыт хуэдэ тхыгъэхэм уе­джэну нэхъ удихьэхрэ?
- Тхылъ седжэн сфIэфIщ икIи жанр щхьэхуэ гуэр хэзубы­ды­кIыркъым. IуэрыIуатэри, художественнэ тхыгъэхэри, детек­тивхэри, щIэнгъуазэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэри, усэхэри, тхы­дэри содж. НэхъыфI дыдэу слъагъу усакIуэщ Лермонтовыр. Къы­хэзгъэщыну сыхуейщ Толстой и «Война и мир», Крестовский и «Петербургские трущёбы», Оруэлл Джордж и «1984», Дю­-ма и «Граф Монте - Кристо», Толкиен и «Властелин колец» тхыгъэхэр. Иджыпсту соджэ американ тхакIуэ Рэнд Айн и «Атлант расправил пле­-чи» ­тхыгъэм. Тхылъхэр фIыуэ слъэгъуащ си сабиигъуэм щы­щIэ­дзауэ. Ар сыт щыгъуи тхылъ зи Iэпэгъу си анэм тесха щапхъэщ. Унэм библиотекэ щыди­Iэщ. Сы­щыцIыкIуми, гъэмахуэ зыгъэп­сэхугъуэхэм сэ джэгу­ным ипэ изгъэщу щытащ тхылъ­хэр.
- Лэжьыгъэм уакъыщыдэ­хуэм уи псэр сыткIэ бгъэнщI­рэ?
- ЗэрысхъэнIауэ, хэздыкIыну сфIэфIщи, лэжьыгъэм сыкъы­щыдэхуэм деж абыкIи зы­ты­зогъэу. Си анэшхуэр дахэу дэуэ щытащ, си анэри мадэ. Сэри си мурадхэм хэтщ сыдэфу зезгъэсэну.
- ЦIыху цIэрыIуэхэм жаIа ­Iущагъхэм куэдрэ къэбгъэ­сэбэп яхэт?
- «АхъшэкIэ къэпщэху хъуну псори - пудщ» Бернард Шоу и псалъэхэмкIэ сыарэзыщ. Ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр, пщIэр къыпхуэщэхунукъым. Гъа­щIэм сыт хуэдэ гъэунэхупIэ уригъэувэми, цIыхуу укъэнэн ­хуейщ. Уи гум жиIэмрэ уи на­-пэм къезэгъымрэ утетмэ, ущы­уэ­нукъым.
 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: