ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Нобэ, шыщхьэуIум и 9-р, кыщалъхуа махуэщ самбэмкIэ дунейми Европэми я чемпион, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Уэзы Мурат.  Щыбэна алэрыбгъум къищынэмыщIауэ, жылагъуэ-политикэ гъащIэми увыпIэшхуэ щиIыгъщ абы – ар Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Абазэ щIыналъэм и Iэтащхьэу лэжьащ, иужькIэ КъШР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щытащ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и  унафэщIу щытащ.

Уэзы Мурат къыщалъхуар Черкесск къалэращ икIи зыхалъхуар абрэджыгъэр хъыбаркIэ фIэкIа щамыщIэж совет лъэхъэнэращ. Адрей сабийхэми хуэдэу, и чэзур къэсри, курыт еджапIэм щIэтIысхьащ. Абы щеджэурэ гимнастикэмрэ дзюдомрэ дихьэхащ. Пэжщ, ар зыщIэхъуэпсар хоккей джэгунрат. АрщхьэкIэ апхуэдэ Iэмал щимыгъуэтым, сабырыжащ. ЩIымахуэр зы мазэм щызэфIэкI Черкесск дэнэ къыщипхынт мыл гъурыджэм щыджэгу хоккеем щыхуагъасэ щIыпIэ?!

- Сэ сыт щыгъуи срогушхуэ си нэхъыжьхэм, - жеIэ Мурат. – Ди адэшхуэ Магъруф къару къызэрымыкIуэ зиIа лIыуэ яIуэтэж, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ ар икIи и хьэдэр щыщIалъхьа щIыпIэр нобэми къытхуэщIэркъым. Ди анэшхуэ Нащхъуэ къыттегужьеикIауэ адэ-анэм дадипIащ, зауэ зэманым щIытIым куэдрэ щыIащ. Сэ, дауи, сщIэрт илъэс куэд ипэкIэ псэуа, лъэпкъым уэрэд, хъыбар куэд зытриухуа Уэзы Мурат ещхь сыхъуну щIэхъуэпсу ди нэхъыжьхэм абы и цIэр къызэрысфIащар. СлъэкI къэзгъэнакъым къызэрысщыгугъауэ сыкъыщIэкIын папщIэ икIи зыгуэрхэр къызэхъулIамэ, абыкIэ Тхьэм фIыщIэ хузощI.

Еянэ классыр къиуха иужькIэ, курыт еджапIэм къыщIэкIри, Уэзы Мурат щIэтIысхьащ Черкесск къалэм дэт автодорожнэ техникумым. ИтIанэ дзэм ираджэри, илъэситIкIэ совет армэм къулыкъу щищIащ. Къигъэзэжри, сабий-ныбжьыщIэ школым тренеру щылэжьащ. Абы къыдэкIуэу самбэм ерыщу зыхуигъасэу щIидзащ Папшу Мухьэмэд и унафэм щIэту. Кулябцевымрэ Кадыровымрэ Мурат ирагъэгъуэта Iэзагъым а тренер гъуэзэджэм хэпщIыкIыу хигъэхъуащ. НыбжьыщIэхэм я деж Урысей Федерацэм и чемпион хъуну, Совет Союзым медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыщихьыну хунэса абазэ щIалэр нэхъ лъагэжу зыIэтын зэфIэкI абы бгъэдилъхьащ.

Ауэ псори къыщежьар Мурат и адэ къуэш Ахьмэд и дежщ. Черкесск къалэм и спорткомитетым бухгалтеру щылажьэрти, и цIыхугъэ тренерхэм къахуишэри яритащ, лIы нэс къыхэфщIыкI жыхуиIэу.

… Кавказ Ищхъэрэм лъэпкъ бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэ Черкесск зэгуэрым щекIуэкIырт. Абы кърихьэлIат щIыналъэм щынэхъ лъэщхэр. ЗэрымыщIэкIэ Уэзы Мурати зэпеуэм хыхьащ: и ныбжьэгъухэм ауан къащI хуэдэурэ къраIуэкIащ езыр зыхэт самбэмкIэ зызыгъасэхэр лъэпкъ бэнакIуэхэм зэи япэмылъэщыну. А псалъэмакъым къызэщIигъэплъа щIалэщIэм мурад быдэ ищIащ утыку ихьэу зыхэт спорт лIэужьыгъуэм и зэфIэкI лъагэр игъэлъэгъуэну. Ар дзыхьщIыгъуэджэт, зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну лъэпкъ бэнэкIэм и Iэмалхэмрэ хабзэхэмрэ зэи хэкъузауэ зэрызэхуимыгъэсар къэплъытэмэ.

Зэпеуэр зэрыщIадзэ хабзэр адыгэ къафэт. Мурат абыи хуэмыIэзащэу къыщIэкIащ икIи и хьэрхуэрэгъу къэрэшей щIалэ Чучуевыр занщIэу япэ ищащ. АдэкIэ алэрыбгъурат лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр. Мо щIалэ абрагъуитIыр зыр адрейм и бгырыпхым епхъуащ – абыкIэт хьэрхуэрэгъум уеныкъуэкъуну узэрыхуитыр. Ар нэхъ быдэу икIи Iэрыхуэу иубыдыну дэтхэнэри хущIокъу. Мурат Iэмал зэрегъэгъуэтри, Чучуевыр едз. Ауэ судьяхэм ар ямылъэгъуа хуэдэщ. Абы щыгъуэми  Уэзым и хьэрхуэрэгъур къэдзыхащ. Аргуэрыжьти, Мурат къэрэшей щIалэр едз, къытридзэпауэ ябжын хуэдэу. Судьяхэр зэрыщымщ. ЗэIущIэм и хьэщIэ лъапIэхэм ящыщ, Кавказ Ищхъэрэм бгырыпх (лъэпкъ) бэнэкIэмкIэ пщыкIузрэ и чемпион Къуэдзокъуэ Анатолэ, хуэмышэчыжыххэу къыщылъэтри, къахэкIиящ:

- КъэвгъэувыIэ, Уэзы Мурат текIуащ!

ЗэIущIэр къагъэувыIакъым. Зи текIуэныгъэр къамылъытэ Мурати зэпIэзэрытщ. Абы къыгурыIуащ, шэч зыми къытримыхьэн хуэдэу и хьэрхуэрэгъур къабзэу зэрыхигъэщIэн хуейр. Мыгувэу ар къехъулIащ, Чучуевым и дамитIри зэгъусэу алэрыбгъум хигуэри.

Талай дэкIри, Инжыдж ЦIыкIу къуажэм щыпсэу Уэзы Нухь и унэм щIэт телефоныр къэвууащ. Ныбжьэгъухэм хъыбар гуапэ къыхуаIуэтащ и къуэ Мурат зэрытекIуам теухуауэ икIи абы папщIэ зы мэл яхуиукIыну къызэрытехуари къыгурагъэIуащ. Адэм и дэрэжэгъуэр инт, хьэщIэ егъэблэгъэнри зыхилъхьэ щыIэтэкъым.  

Уэзы Мурат япэ ехъулIэныгъэ ин щиIар 1989 гъэращ. Къэзахъстаным и къалащхьэ Алма-Ата щекIуэкIа СССР-м и чемпионатым абы жэз медалыр къыщихьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ар дыщэкIэ ихъуэжащ. Калинин къалэм щыIа зэхьэзэхуэм и финалым Белоруссием щыщ Грамс Эдуард щыхигъащIэри, Совет Союзым и чемпион хъуащ. Абы иужькIэ, дауи, гу къылъатащ икIи къэралым и командэ къыхэхам хэту европэпсо, дунейпсо утыкухэм ихьащ.

1990 гъэм Тель-Авив (Израиль) щызэхэтащ самбэмкIэ Европэм и чемпионат. И хьэрхуэрэгъу псори хигъащIэри, килограмми I00-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым нэсащ абазэ щIалэр. Великобританием икIа Уолден кIэух зэIущIэм ар къыщыхигъэщIами, тегушхуэныгъэ къыхилъхьащ. Уэзым къыгурыIуащ дунейм и самбист нэхъыфIхэм хуэфащэу зэрапэщIэтыфынур, уеблэмэ, я нэхъыбэм зэрытекIуэфынур. Ар наIуэ къищIащ илъэсым и кIэухым Мэзкуу щыIа дунейпсо чемпионатым. Мурат абы жэз медалыр къыщихьащ.

Совет Союзыр зэхэщэщэжа иужькIэ, ар и лъабжьэу Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэ пIалъэ кIэщIкIэ къэунэхуащ. Абы и зы чемпионатми ирихьэлIащ Уэзы Мурат, ауэ зэрыхэтар самбэм и шынэхъыжь дзюдомкIэщ. 1992 гъэм и пэщIэдзэм Рязань щыIа зэпеуэм ар ещанэ щыхъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дзюдомкIэ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер хъуащ.

АдэкIэ нэхъ зытригъэщIари, ехъулIэныгъэ инхэр щиIари самбэращ. Псом хуэмыдэу хуэфIащ 1996 гъэр. Абы и мэлыжьыхь (апрель) мазэм Югославием и Аранжеловац къалэм щыIа Европэм и чемпионатым жэз медалым фIэкIа къыщыхуэмыхьами, щэкIуэгъуэм (ноябрым) и пэщIэдзэм Японием къыщыпэлъэщын дунейм тетакъым.

… ЩIыIэмэ къызыпих бжьыхьэ кIасэм Токио хьэщIэ лъапIэхэм пэплъэрт. Дунейм и самбист нэхъ лъэщхэр абы къыщызэхуэсырт, фIым я фIыжхэр зэхагъэкIын папщIэ. Нэхъапэми Уэзы Мурат абы щыIат, ауэ мыр адрейхэм хуэдэтэкъым. ИщIэрт мыхьэнэшхуэ зиIэ дунейпсо чемпионатым хэтыну къызэрыкIуар иджыблагъэ Европэм дыщэр щыIэщIэзыха тэтэр щIалэ Алеханов Сергеи, Югославием жэзыр щызэдигуэша украин Борисенкэ Ростислави, нэгъуэщI и хьэрхуэрэгъу лъэщхэри.

Мурат зэхьэзэхуэр гуащIэу къыщIидзащ. Алэрыбгъум къытехьэри, секундиплI дэкIауэ арат и япэ хьэрхуэрэгъур щыхигъэщIам. Азербайджаным щыщ бэнакIуэм абы зыри къыпигъэувыфакъым.

Дыщэм щыщIэбэна кIэух зэIущIэм къыщыпэщIэта Борисенкэ Ростиславрэ Уэзы Муратрэ фIы дыдэу зэрыцIыхут икIи щхьэж и зэфIэкIым щыгъуазэт. Мыбдежми абазэ щIалэр къыщикIуэтакъым. Абы и хьэрхуэрэгъу лъэщыр хигъэщIащ икIи дунейпсо чемпион хъуащ. Хуэугъурлащ Мурат «дыгъэр къыщыщIэкI къэралыгъуэм» и къалащхьэр! 

- Токио хуабжьу сигу ирихьащ, - игу къегъэкIыж абы. – Зэхьэзэхуэр иуха иужькIэ дыкъагъанэри, дзюдомкIэ клубхэм дыкъыщрашэкIащ. Абыхэм щедгъэлъэгъуащ самбэм и Iэмалхэр, зэгъусэу зыщыдгъэсащ. Япониер хуабжьу къэралыгъуэ дахэщ, цIыхухэри гуапэщ. Нэхъыжьхэм, хьэщIэм пщIэ зэрыхуащIымкIэ, зэхэтыкIэ екIумкIэ ар зыкъомкIэ дэщхьщ.

Дунейпсо чемпион хъуа иужькIи Уэзы Мурат зэхьэзэхуэ куэдым хэтащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр иIащ. И ныбжьыр илъэс 34-м нэблэгъауэщ спортым къыщыхэкIыжар. Абы ипэкIэ Европэм и чемпионыгъэр зыIэригъэхьащ, Испанием и къалащхьэ Мадрид 2000 гъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмми 100-м щIигъу зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым Литвам щыщ Усинас Каролис щыхигъащIэри.

БэнэхукIэ зыхэта Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм капитан хъуауэ къыхэкIыжри, жэуаплыныгъэ ин зыпыщIа IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрихьащ. «Урып бгы-щагъэбатэ комбинат» АО-м, «Теплоэнерго» ФГУП-м, «Стандарт» ЗАО-м, «Коммунэнерго» ФГУП-м, «Водоканал» АО-м я унафэщI, унафэщIым и къуэдзэ къулыкъухэр зэрихьащ, Абазэ районым и администрацэм и Iэтащхьэу щытащ. 2011 гъэм и гъатхэпэм ягъэуващ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм и Тхьэмадэм и къуэдзэу. Нэгъабэ лъандэрэ и унафэщIщ КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм.

Унагъуэ быди иIэщ Уэзы Мурат. И щхьэгъусэмрэ абырэ щIалэрэ хъыджэбзрэ къагъэхъуащ икIи гъащIэм хуэфэщэн увыпIэ дахэ щрагъэубыдащ.

 ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ жыхуаIэрати, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ ипэкIэ щыIа и лъэпкъэгъу икIи и цIэджэгъу цIэрыIуэм и Iуэху дахэхэр адэкIи игъэкIуэтащ нобэрей Уэзы Мурат. ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэу, Iущыгъэ къэгъэлъэгъуапIэу щыт спортымрэ къэрал къулыкъущIапIэмрэ абы хэлъхьэныгъэ инхэр хуищIащ.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: