Теплъэр зыгъэин IэмэпсымэхэрX-нэ лIэщIыгъуэм хьэрып щIэныгъэлI Ибн аль – Хайсам (Альгазен) гу лъитащ хьэрфхэр абджыпс пIащIэм нэхъ ину зэрыуигъэлъагъум. Оптикэм теухуа и трактатым къыщигъэлъэгъуащ апхуэдэ абджым ущыпхыплъкIэ нэхур зэрытридзэ щIыкIэхэр. Альгазен къэплъытэ хъунущ оптикэ щIэныгъэм и зэхэублакIуэу. Ауэ абы и оптикэ щIэныгъэр къызэтеувыIэри, зэман кIыхькIэ и пIэм икIакъым. I267 гъэм инджылыз философ Бэкон Роджер къихутащ абджыпс линзэхэр къызэрагъэсэбэп Iэмалыр. Бэкон линзэхэр абджым къыхиIущIыкIырт зи нэм щIагъуэу имылъагъухэм папщIэ. Абыхэм ящыщ зы линзи тыгъэ хуищIауэ щытащ Климент IV-м.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
16.02.2024 - 12:58 →
Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар
|