Сыжажэ Тимур и дыщэ лъэхъэнэ

Тхьэмахуэ махуэм зэхэтащ Налшык и Дерби Саугъэтышхуэр – илъэсищ зи ныбжь шыхэм я зэхьэзэхуэр. Зэхьэрхуэрэгъу шы куэд, саугъэт лъапIэхэр, Налшык ипподромым и рекорд – а псомкIи ягу къинэжащ иджырей шыгъажэр.

Зэпеуэхэр къызэIуахащ альпинизмэм и махуэм папщIэ ягъэува саугъэтыр къэхьыным ехьэлIауэ метри I200-м къыщызэдэжа илъэситI зи ныбжь иджылыз-адыгэшхэм. А гъуэгуанэр псом нэхърэ нэхъ жыджэру къызэпичащ Къурсакъ Лиуан и уанэм щIэта гъуабжьэ-фIыцIафэ Палладэ. Хьэгъэжей Мудид и гъэхъуным жыжьэу къызэринэкIащ шыбз лъэщ куэд.

ЕтIуанэ саугъэтыр хуахахауэ щытащ Дерби-2019 щытежа Кэсмен. Метр 1200-м пашэныгъэр щиубыдащ Кэсмен щагъэхъуа шы заводым къыщыхъуа пцIэгъуэплъ Вейрон. КъызэрыщIэкIамкIэ, абы и закъуэкъым «Малкинский» шы заводым, тренер Щадз Зауррэ япэ категорие зиIэ шууей Шыкъ Астемыррэ зыIэрагъэхьа текIуэныгъэр.

 «Спринтерышхуэ» саугъэтым щызэпеуащ илъэсищ нэхърэ нэхъыжь шыхэр. Метр 1200-м зэхьэзэхуэшхуэ къыщекIуэкIакъым. Нэгъабэ абы щытекIуа Мэржэхъу Мухьэмэд и пцIэгъуэплъ-фIыцIафэм щIэдзэкIэр къехъулIакъым икIи ар игъэзэкIуэжын мурадкIэ хуабжьу зизыча шыр мэхащ. ЩытыкIэр хуэфэщэну къигъэсэбэпащ абы и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Бозий  Замир и гъэхъун пцIэгъуэплъ Геодезист икIи къыкIэлъыжэхэр жыжьэу къигъэнащ. Шыр егъасэ мастер-тренер Манн Яков, шууейр Баттуев Алимщ.

Зэхьэзэхуэр нэхъ жыджэру щекIуэкIащ Фанта шыбзым и цIэкIэ ягъэува илъэсищ зи ныбжь шыбзхэм я къызэдэжэм. Метр 1500-м къыщызэдэувахэм ящыщу зэхьэрхуэрэгъу нэхъ жыджэрхэм ящыщт Сэкрэк Заур и шэщым щыщ пцIэгъуэплъ Рашен Мун,  Никипэ, Магие сымэ. Гъуэгуанэм нэхъ лъэщу къыщыщIэкIащ Сэкрэкым и шыр. Секундым и Iыхьэ тхуанэкIэ ар щхьэщыкIащ Никипэ. Рашен Мун игъэхьэзырщ мастер-тренер Бахъуэ Мухьэмэд, къэзыгъэжар мастер-шууей Щоджэн Iэдэмщ.

Шы къэгъэжэнымкIэ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ, мазэ зыбжанэ дэкIмэ зи ныбжьыр илъэс 55-рэ ирикъуну Сыжажэ Тимур мы лъэхъэнэм шыгъажэм дихьэххэм  гъэщIэгъуэн ящищIащ Неоклассикэм тесу ОКС-м щытекIуам щыгъуэ (Рашен Мун къызэринэкIауэ щытащ). IэмалыфIхэр иIэт Сыжажэм Налшык и Дерби саугъэтышхуэм пашэныгъэр щиубыдынуи. Къэралым щынэхъыжь дыдэ шууей, мастер-шууей ПщыукI Жамбот и ехъулIэныгъэхэм ефIэкIыжа (илъэс 53-рэ пщIондэ шы къигъэжащ) Сыжажэм метри 2400-м щытекIуащ икIи Налшык ипподромым и рекорд игъэуващ. Ар зытеса пцIэгъуэплъ фIыцIафэ, хужь-сырыху IэпапIэхэр зыхэт Принц Роуз къызэдэжэм зэрыщIидзэу пашэныгъэр иубыдри гъуэгуанэр дакъикъи 2-рэ секунд 33,97-кIэ къызэпичащ. Ар ефIэкIащ Шэшэным и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан иш Вокал Мод  игъэувауэ щыта рекордым (дакъикъи 2-рэ секунд 35,5-рэ).

Аращи, Вэрокъуэ Вячеслав и Принц Роуз шыгъажиплIым –текIуэныгъиплIрэ, ипподромым и рекордрэ зыIэригъэхьащ. Мастер-тренерыр Балъкъэр Хъусенщ.

Япэ Тажым, метр I600-м къыщызэдэжэну ирагъэтха шыбзихым ящыщу гъуэгуанэм теувар тIу къудейщ. Гугъущэ демыхьыу а саугъэтыр зыIэригъэхьащ Баттуев Алим   къигъэжа Битокъу Мухьэмэдрэ Къудей Хьэсэнрэ я гъэхъун пцIэгъуэплъ фIыцIафэ Батистутэ. Шыр егъасэ мастер-тренер Манн Яков.  «Эльбрус» шы-спорт клубым и гъуаплъафэ Аксесс етIуанэ хъуащ. Дэтхэнэ зы шым и дежкIи ар ехъулIэныгъэшхуэщ.

Сыжажэм Тимур и зэфIэкI лъагэр иджыри зэ шыгъажэм къекIуэлIахэм наIуэ ящищIащ. Метр 2400-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и саугъэтым щыщIэбэнащ илъэсищ зи ныбжь шы 12. Куэд щыгугъакъым Ингушым щыщ Зязиков Iэдэм и гъэхъун яжьафэ Шарлатан ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьэфыну. АрщхьэкIэ, Сыжажэм и уанэм щIэту и хьэрхуэрэгъухэм кIэщIу яужьым иту къигъакIуэурэ  и къарур зыхъума шыр финиш занщIэм зричащ икIи адрейхэм текIуэныгъэр къажьэдитхъащ.  Ар гъэщIэгъуэн щыхъуащ шыр зейм къищынэмыщIауэ, мастер-тренер КIыщ Олеги, шыгъажэм кIэлъыплъахэми. «Дыщэ лъэхъэнэр» езыгъэкIуэкI Сыжажэ Тимур текIуэныгъэ хет-трик зыIэригъэхьащ: ОКС, Дерби инымрэ цIыкIумрэ.

КъыкIэлъыкIуэу зэхэта Голден Соул шыбзым и цIэкIэ ягъэува саугъэтым текIуэныгъэ къыщызыхьар зыми гъэщIэгъуэн ящыхъуакъым. Метр 1800-м и хьэрхуэрэгъухэм шэч къытумыхьэну ефIэкIащ «Малкинский» шы заводым и гъэхъун Кеннет икIи абы къыщыхъуа шым и саугъэтыр зыIэрагъэхьэжащ. ЕхъулIэныгъэр  и  IэдакъэщIэкIщ япэ категорие зиIэ шууей икIи тренер Шыкъ Астемыр.

Шы нэхъыжьыIуэхэм я деж щагъэджэгуа Шууей-клубым и саугъэтыр  пщIэ нэхъ зиIэхэм ящыщщ.  Абы и гъуэгуанэм и кIыхьагъыр Дерби хуэдэу метр 2400-рэ мэхъу. Шыгъажэм дихьэххэр текIуэныгъэкIэ зыпэпэлъа «Налшык» хьэлвэ щащI заводым и гъэхъун пцIэгъуэплъ Терек Стар етIуанэу къэнащ. Абы къефIэкIащ япэ категорие зиIэ шууей Шыкъ Астемыр къигъэжа «Малкинский» шы заводым и Майк. Мастер-тренерыр Щадз Заурщ.

КIэух къызэдэжэр хухахауэ щытащ ухуакIуэм и махуэм. Метр I600-м къыщызэдэжащ илъэсищ нэхърэ нэхъыжь инджылыз-адыгэшхэр. Мыбы пашэныгъэр щиубыдащ Гъуэгунокъуэ Астемыр иш пцIэгъуэплъ Алмаз. Абазэ Беслъэн игъасэ шыр къэзыгъэжар мастер-шууей Щоджэн Iэдэмщ.

 

   

Къэхъун Бэч.
Поделиться: