КъэкIуэнур зей пщащэ

Мы тхыгъэр зытеухуа Къанэмэт ФатIимэ куэдым зезыпщыт, зи зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ, щIэ куэд зэзыгъэлъагъу, щIыналъэри къэралри зэрыгушхуэ, нэхъыбэжкIэ зыщыгугъ щIалэгъуалэм ящыщщ. 
 

Налшык къалэм щыщ, Псыхуабэ щыIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым - экономист, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым телерадиопрограммэхэм я продюсер IэщIагъэхэм щыхуеджа, иужьрейм культурологиемкIэ щыIэ къудамэм и аспирант, инджылызыбзэ, франджыбзэ, китаибзэхэр уэрсэру зыщIэ, Мокаевэ ФатIимэ зи унафэщI «Подиум Нальчик» модель школыр къэзыуха, «Это была ты» комедием роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Къанэмэт ФатIимэ Танзанием щекIуэкIа «World Miss Journalizm-2018» дунейпсо зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ. ЩIыналъэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ зи зэфIэкI щеплъыж хъыджэбзым нэхъапэхэми апхуэдэ зэхыхьэхэм жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ. Ар хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщащэ тхьэIухуд-2017», Камбоджэм щекIуэкIа «World Miss Universitety 2017», «Мисс мира журналистики – 2018» дунейпсо зэхьэзэхуэхэм, къэфакIуэхэм я зэпеуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу. 
Ди хэкуэгъу хъыджэбзым зыкъыщигъэлъагъуэ дунейпсо зэпеуэхэр нэхъыбэу зытеухуар дахагъэ къудейркъым, атIэ абыхэм пщащэхэм я гупсысэкIэм, Iуэху еплъыкIэхэм, гурылъхэм щытрагъащIэ, зи лIыкIуэ къэралхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэр къалъытэу. Къанэмэт ФатIимэ зыхэта дунейпсо зэхыхьэшхуэхэр къызэзыгъэпэщахэм я къалэн нэхъыщхьэр - къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ хъыджэбзхэр зэрыгъэцIыхуныр, ахэр зэрыгъэныбжьэгъуныр, зыщыщ щIыналъэми, къызыхэкIа лъэпкъми, зэрыт динми емылъытауэ зыр адрейм дэгъэIэпыкъуныр къазэрехъулIам шэч хэлъкъым. 
Япэ увыпIэхэр къыщыхуамыгъэфэщами, ФатIимэ зыхэта мы зэпеуэшхуэхэм зи цIэ фIыкIэ къыщраIуахэм, япэ увыпIитхур зылъагъэсахэм зэращыщыр уасэншэщ. Псом хуэмыдэу дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я мыхьэнэр фIыуэ къызыгурыIуэ хъыджэбзыр апхуэдэхэм хэтыну щрагъэблагъэкIэ куэдрэ мыгупсысэу арэзы тохъуэ, и зэфIэкI дуней псом щигъэлъэгъуэнымкIэ, щыпсэу щIыналъэр, зыщыщ лъэпкъыр нэхъыбэм къаригъэцIыхунымкIэ ар зэрыIэмалыфIыр къелъытэри. ФатIимэ зыкъыщигъэлъагъуэ дунейпсо зэхыхьэхэм я программэм хохьэ Правительствэм и лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэр, студентхэм я конференцэхэр, зэхуэсхэр, зыплъыхьакIуэхэр. Дуней псом къащта ди лъэпкъ фащэ екIур щыгърэ и нэгум гушхуэныгъэ кърихыу адыгэ хъыджэбзым хамэ къэралхэм я утыку ди щэнхабзэр, фэилъхьэгъуэр къызэрырихьэр гуапэщ. 
Дуней псом и къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм икIа хъыджэбзхэр зэроцIыху, ныбжьэгъу зэрогъэхъу. Абы и щыхьэтщ Камбоджэм щекIуэкIа зэпеуэм хэтахэр гуп зэрыгъэхъуу Сабий унэм зэрыкIуар, иужькIэ абыхэм волонтёр зэгухьэныгъэ къызэрызэрагъэпэщар. Ар къэщхьэпащ къэралхэм щызекIуэ Iуэху зэIумыбзхэр гъэзэкIуэжыным хэлъхьэныгъэхэр хуащIэнымкIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Африкэм и лIыкIуэ хъыджэбзым я щIыналъэм щыIэ школыр зэрызэрагъэпэщыжыну мылъку зэрамыIэр къыщигъэлъагъуэм, ахъшэ зэхэдзэкIэ дэIэпыкъуащ. Апхуэдэу зэкъуэувэурэ щхьэж и къэралым зыщIагъэкъуащ. ТхьэмахуитIым щIигъукIэ зэдащIэ Iуэху дахэм зэкъуигъэува, гъунэгъу зэхуищIа хъыджэбзхэр зэхыхьэ нэужьми зэрощIэ, зыр адрейм и къэралым щыкIуэкIэ я деж ирагъэблагъэ, ягъэхьэщIэ, щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхь. Iуэху гуапэм зэхуиша цIыхухэр щIызэрыIыгъым фIы куэд къыпокIуэ. 
Зэпеуэхэм хэт пщащэхэм щакIэлъыплъым, ФатIимэ гу лъитащ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщу зи щэнхабзэмрэ хабзэмрэ зэпэгъунэгъу лъэпкъхэм къыхэкIахэр нэхъ зэныбжьэгъу зэрыхъуар, я дуней тетыкIэр нэхъ зэрызэщхьым папщIэ. Ауэ, муслъымэн, чристэн диным итми, франджыбзэм е инджылызыбзэм ирипсалъэ хъыджэбзхэри бзэм щызэришалIэ щыIэт. Дауи, улъыхъуэмэ, цIыхухэм зыгуэр зэщхьу зэрахэлъыр къыпхуэгъуэтынущ. ФатIимэ нэхъ ныбжьэгъу къыхуэхъуахэр текIуэныгъэми лейуэ хущIэмыкъу, бзаджагъэ зыхэмылъ, зи хьэл-щэнкIэ гу щабагъ нэхъ зыдэплъагъу, укIытэ зыхэлъхэрт. Апхуэдэхэт нэхъыжьхэр нэхъ щагъэлъапIэ, хабзэхэр нэхъ щызекIуэ Башкортастаным, Китайм, Индием я лIыкIуэхэр. 
- Сызыхыхьэ зэпеуэхэм фэилъхьэгъуэ и лъэныкъуэкIэ емыкIуу зэрызыкъыщызмыгъэлъэгъуэным сыхущIокъу. Нобэрей зэманым ар къезэгъыу къэзылъытэхэми сахущIэджэркъым, ауэ си адэ-анэм я напIэр щIрахьэхын Iуэху сызэрыхэмыхьэнырщ зи ужь ситыр, - и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ ФатIимэ. - Зэпеуэхэм дакъикъитхум нэблагъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказым и щыIэкIэ-псэукIэм, дуней тетыкIэм, хабзэм инджылызыбзэкIэ сызэрыщыхутепсэлъыхьар псом нэхъ гукъинэж сщыхъуащ. НэIуасэ зэхуэхъуахэр лэжьыгъэ IуэхукIи зыр адрейм дыхуэщхьэпэну, къэбгъэлъагъуэмэ, журналист IэщIагъэм ирилажьэхэм Интернетым къыщыдгъуэт хъыбар нэпцIхэр мыхъуу, тхыгъэ нэхъ пэжхэр зыIэпытхынымкIэ ар IэмалыфIщ. Зэпеуэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм я архитектурэ фэеплъхэм, щIыуэпсхэм зэрызыщыдагъэплъыхьар, я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къызэрытхутепсэлъыхьари гъэщIэгъуэн тщыхъуащ. Камбоджэ XIV лIэщIыгъуэм щаухуа члисэм зыщуплъыхьыныр уасэншэт. 
Бухгалтер, продюсер IэщIагъэхэм хуеджа, культуролог, журналист лэжьыгъэхэм зыхэзыгъэгъуазэ Къанэмэт ФатIимэ зэрыжиIэмкIэ, сыт хуэдиз щIэныгъэ зыIэригъэхьэми, зыр адрейм къыгуэхыпIэ имыIэу пэгъунэгъуу зэпыщIауэ къелъытэ. Апхуэдэу къегъэлъагъуэ узэрыпсэуну мылъку къызэрыблэжьынур, цIыхухэм уазэрыхэтынур, щIэ гуэрхэр къызэрыпщIэнур. Бухгалтер IэщIагъэм пIалъэкIэ ирилэжьэну къызыхуихуа хъыджэбзым продюсерыныр куэдкIэ нэхъ фIэгъэщIэгъуэнщ, и IэдакъэщIэкIыр цIыхухэм я пащхьэм щигъэлъэгъуэну Iэмал зэриIэм папщIэ. ЩIэныгъэ лей зэрыщымыIэр быдэу зи фIэщ хъу пщащэм зэшыгъуэу къелъытэ уи лэжьыгъэм кърикIуэмкIэ цIыхухэм уадэгуэшэну Iэмал узэримыIэр. Дуней псом и щIыпIэ куэдым щыIа, хамэ къэралыбзэхэр зэрызэбгъэщIэнум зи диплом лэжьыгъэр теухуа, зи фильмым и тизерыр Италием щытезыха ФатIимэ, дауи, гурыIуэгъуэщ культурологием щIыдихьэхар. Ар нэхъыбэу зытеухуар махуэ къэс бзэр къомыгъэсэбэпмэ, уримыпсалъэмэ, уримылажьэмэ псынщIэу зэрыпщыгъупщэжырщ. Лэжьыгъэм и гупсысэр зыхуэунэтIар языныкъуэхэм къызэралъытэм хуэдэу бзэм къызыхуэтыншэу урипсэлъэфыныркъым нэхъыщхьэр, атIэ цIыхухэм уагурыIуэфынырщ. 
- Зы мащIэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Европэм сыкIуэну си хъуэпсапIэу щытами, Азием и щэнхабзэм, макъамэм, къафэхэм хуабжьу сыдахьэхащ. Аращ Корее Ипщэм сыкIуэныр къызыхэкIари. Абы щыпсэухэр зэрызыкIэлъыплъыжымрэ хьэл-щэн дахэхэр зэрадэслъагъумрэ сызыгЪэгуфIэщ. КъищынэмыщIауэ, корейхэр цIыху гуапэщ, - жеIэ ФатIимэ. 
Къанэмэт ФатIимэ республикэм и волонтёр Iуэхуми жыджэру зыкъыщегъэлъагъуэ. Урысейм 2018 гъэр Волонтёрым и илъэсу щытащ. Волонтёр Iуэхум и мыхьэнэр фIыуэ къызыгурыIуэ, абы жыджэру хэлэжьыхьхэм ящыщщ ар. ЦIыхум зыгуэркIэ пщIэншэу сэбэп зэрыхуэхъуфыр IуэхуфIу къелъытэ икIи хамэ къэралхэм абы и мыхьэнэр нэхъ къащыгурыIуауэ къыщохъу. Сочэ щекIуэкIа ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым ар пщIэншэу хэтащ, инджылызыбзэрэ франджыбзэрэ зыIурылъхэм я зэдзэкIакIуэу, унэтIакIуэу. А зэхыхьэр къызэрыщхьэпами къыдэкIуэу, тенджызым гукъинэжу зэрызыщигъэпсэхуамрэ ныбжьэгъу куэд зэрызригъэцIыхуамрэ гухэхъуэгъуэ къритащ ФатIимэ.
- Иджыпсту дуней псом и бжэр зэIухащ. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ, IэщIагъэ зиIэ щIалэгъуалэм я дежкIэ ар IэмалыфIщ я зэфIэкIыр къагъэсэбэпынымкIэ, хамэ къэралыбзэхэр зрагъэщIэнымкIэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм зыхагъэгъуэзэнымкIэ. Зэхыхьэм нэхъыбэ ухэтыху уи зэфIэкIымрэ зэхэщIыкIымрэ хыбогъахъуэ, щIэ куэд къыбощIэ. Ахэр гъащIэм и дэкIуеипIэхэм къызэрыщыпхуэщхьэпэжым и мызакъуэу, зэманым нэхъ ухэпсэукIыфынымкIи къосэбэп. Псом хуэмыдэу студентхэр къыхузоджэ тегушхуэу дунейпсо утыкухэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Абы и лъэныкъуэкIэ си адэ-анэм къыспаубыдыркъым сэр-сэру зыгуэрхэр зэзгъэхъулIэныр, си зэфIэкI сеплъыжыныр, - жеIэ ФатIимэ.

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: