Адыгэшым нэхърэ нэхъ бэшэчу

Бадзэуэгъуэм и 22-м Шэшэн Республикэм щекIуэкIащ «Грознэ саугъэтышхуэ» зыфIаща тыгъэм папщIэ шууейхэр щызэпеуа, «лъы къабзэ зыщIэт шы лъэпкъыр» щагъэлъэпIа махуэшхуэ. Шыгъажэм япэ дыдэу къыхашащ илъэси 3-м ит «шэшэныш» лIэужьыгъуэр.
Блэнейрэ шыхэр къыщагъэжа зэхьэзэхуэм щызэпеуащ шы щызэрахуэу Урысейм ит IуэхущIапIэ зыбжанэ. Шэшэн республикэм и цIэкIэ зэпеуэм хэтащ «Ахъмэт» шы спорт комплексым ишхэр.
«Гу лъытапхъэщ, - щитхыжащ щIыналъэм и УнафэщI Кадыров Рамзан и телеграмм напэкIуэцIым, - япэу утыку ихьауэ метр I600-м хэтахэр илъэси I0 хъуауэ ди шыхъуэхэр зэлэжь шэшэн шы лъэпкъ къуэпсым щыщ защIэу зэрыщытам. Ар тхыдэм къыхэнэну зыхуэфащэ ежьэкIэщ. Шиблри Шэшэным мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм ейщ. ТекIуэныгъэр Iэрыхьащ Кожаков Аким зытеса Палладэ шым. Зыгъэсар Дидиев Беслъэнщ».
«Ахъмэт» клубым ишхэм япэ увыпIэр къыщахьащ «Саугъэтышхуэ» зыфIаща, метр I600-м нэс шыгъажэми (шым и цIэр Саритэщ), «Лъы къабзэ зыщIэт шыхэм я махуэшхуэм папщIэ саугъэт» зыхуагъэува метр 2000-ми (Хоумленд Барс). ЕтIуанэ увыпIэр а шыгъажэ дыдэм къыщихьащ республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Закриев Ибрэхьим «Классный» зыфIища и шым. «Грознэм и тыгъэшхуэр» (метр 2400-рэ) къихьащ Волгоград шы заводым щыщ Брайт Стар. Иужьрейр шыгъажэм къекIуэлIа псоми ятекIуауэ къалъытащ.
Кадыров Рамзан шыхъуэхэми, шууейхэми, «Ахъмэт» IуэхущIапIэм щылажьэ шы гъэсакIуэхэми ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэшхуэ къагъэлъагъуэу шэшэнышхэм зэрадэлэжьам щхьэкIэ.
«Шэшэн республикэм шы спортым кIуэ пэтми нэхъ зыщеужь. Дэ ар едгъэфIэкIуэн папщIэ тлъэкI къэдгъэнэнукъым. Шэч къытесхьэркъым куэд дэмыкIыу шэшэнышыр дунейм тет шы псом нэхъри нэхъыфI зэрыхъунум», - жиIащ Кадыров Рамзан.
Сыт хуэдизкIэ цIыхухэм я фIэщ хъурэ «шэшэныш къуэпсыщIэ», щIэныгъэ терминкIэ – «породная группа» къызэрыунэхуар?
«Шы лъэпкъыщIэ къэбгъэхъун папщIэ, зы илъэсипщIкъым узыхуейр. Лъы къабзэ зыщIэт шыхэр (зи гугъу ищIыр инджылызышырщ) жорзехьэхэм я зекIуэхэм къыщыщIэдзауэ заужьурэ къогъуэгурыкIуэ. А зэманым КъуэкIыпIэм къраш хьэпшыпхэм ядэщIыгъуу, Европэм шыхэри ягъэIэпхъуэу щытащ. Хьэрыпышым, «ахалтеке» тыркумэн шы лъэпкъым хуэдэхэм я гугъу пщIымэ, илъэс мин бжыгъэ хъуащ ахэр дунейм зэрыщызекIуэрэ. Аращи, гъуэгу техьэ тенэркъым, лэжьыгъэшхуэ иджыри къапэщылъщ шэшэнышым иужь ихьахэм», - жеIэ Iуэхум хэзыщIыкI гуэрым.
«ШыщIэ къыдогъэхъу жаIэнщи, адрейхэм зэращIым ещхьу, адыгэшым нэгъуэщIыцIэ фIащынщ», - жеIэ щIалэ нэхъ зызыгъэбзаджэм.
Дигу къэдгъэкIыжынщ илъэс зыбжанэ ипэкIэ Къагъырмэс Црай шы лъэпкъыщIэ къэбгъэхъун папщIэ узыхуейхэм я гугъу щищIым къыджиIауэ щытахэр. Аспирантурэм щыщIэсым щыгъуэ, профессорыр ирагъэблэгъауэ щытащ адыгэшым къытехъукIа «инджылыз-адыгэшыр» щIэныгъэлIхэм къабыл зэращIам ехьэлIа зэхуэсым.
 Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къагъырмэс Црай:
- 1968 гъэм СССР-мрэ РСФСР-мрэ мэкъумэш IуэхухэмкIэ я министерствэхэм Шы зехуэнымкIэ союзпсо щIэныгъэрылажьэ институту Рязань къалэм дэтым зэхуэс щрагъэкIуэкIауэ щытащ. Сэ абы щыгъуэм Тимирязевым и цIэр зезыхьэ мэкъумэш академием аспиранту сыщыIэу арати, сызэрыадыгэм, си диссертацэри адыгэшым зэрытеухуам къыхэкIыу, лIыкIуэхэм я гъусэу Рязань срагъэблэгъат.
«Адыгэш» цIэр сыт щыгъуи ягъэIуу щытащ, уеблэмэ иджыпсту нэхърэ нэхъ ину. Зэхуэсым щхьэусыгъуэ хуэхъуар зы Iуэхугъуэ закъуэт: «Инджылыз-адыгэш къуэпсыр къабыл щIыныр». «Инджылыз уанэш лъы къабзэ» жаIэри щыIэщ. Абырэ адыгэшымрэ къатепщIыкIыжарат «инджылыз-адыгэш къуэпс», е, урысыбзэкIэ жыпIэмэ, «породная группа» хъуар. Адыгэш лъэпкъыр епщыкIуханэ лIэщIыгъуэ лъандэрэ щыIэт, иджы абы и къуэпс инджылыз-адыгэшыр къызэрызэфIэувам щыхьэт техъуэ IэщIагъэлIхэм IэIэткIэ унафэ къащтэу, тхылъхэми иратхэу, I968 гъэм утыку кърахьэу арат. Арати, зэманыр къосри, си кафедрэм и унафэщI Красников Андрей сригъусэу докIуэ зэхуэсым. Андрей Сергеевич и кандидат, доктор диссертацэхэри зытеухуар адыгэшрат, езыри илъэс къэс Налшык къакIуэрт. И диссертацитIми зы псалъэ иткъым «къэрэшеиш» жиIэу. Адыгэшым теухуауэ куэд дыдэ щищIэкIэ, щыпрофессоркIэ, Красниковыр къыщагъэпсэлъэнтэкъэ зэхуэсым? Къопсалъэ. Сэ сыаспирант къудейт, утыку срагъэхьэну сигу къэкIыххакъым. АрщхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым никIыну сызыщыгугъа лIыкIуэхэр министерствэми обкомми нагъэкIуакъым, адыгэу щIэсыр си закъуэт. Къэрэшейуэ цIыхуитху нэкIуат, мэкъумэшымкIэ министрыр я пашэу, Къэрэшей шы заводым и унафэщIыр я гъусэжу. Абыхэм къэпсэлъэн щIадзэри, дэтхэнэ зыми «инджылыз-адыгэш къуэпс» щызэхэвублэкIэ, дэри «инджылыз-къэрэшеиш къуэпс» дывгъэщI жаIэ. «Къэрэшей шы лъэпкъ» жаIэну ягу къэкIыххэртэкъым а зэманым, къезэгъыртэкъыми. Сытми, къэтэджхэурэ тхури апхуэдэ щIыкIэу лъэIуахэщ. Абдежым «аспирант щIалэм зыгуэр къыджиIэфыну пIэрэ а Iуэхум теухуауэ» жаIэри псалъэ къызат.
Сэ сыкъэтэджри жысIащ «инджылыз-адыгэш къуэпсыр» хабзэм къигъэув мардэхэм зэрыхуэкIуэр. Сыту жыпIэмэ, ар къызытепщIыкI шы лъэпкъитIри къуэпсыщIэ къызыхэкIын бжыгъэм нэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдиIэщ: Малкэ шы заводым адыгэш лъэпкъыр щызэрахуэ, Май районым дэт Къэбэрдей шы заводым инджылыз уанэш лъы къабзэ щызэрахуэ. А тIум нэмыщI иджыри шы щагъэхъуу фермэ I2 колхозхэмрэ совхозхэмрэ щыдиIэщ. Абыхэм щызэрахуэ шы бжыгъэм Iэмал къыует инджылыз-адыгэш къуэпсым и Iуэхур къэпIэтыну. Къэрэшей-Шэрджэсым и лIыкIуэхэр зыщIэлъэIум и гугъу пщIымэ, абы утепсэлъыхьыну игъуэ къэмысауэ къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, инджылыз-къэрэшеиш зыфIэпщын зы шы закъуи щыIэкъым. ЩIыщымыIэр, «къэрэшей шы лъэпкъ» щыIэкъыми аращ. Дауэ инджылыз-къэрэшей къуэпсым и Iуэху къызэрыпIэтынур, ар къызыхэкIыпхъэ шы лъэпкъхэр щагъэхъу хъупIэ щымыIэу? Къэрэшей-Шэрджэсми щыIэщ «Къэрэшей ЦIыкIу шы заводи», фермэхэри, ауэ абыхэм щагъэхъур адыгэшщ.
 Мэкъумэш IуэхухэмкIэ министерствэм шы гъэхъунымрэ шы заводхэмрэ я IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIрат зэхуэсыр езыгъэкIуэкIри, абы жиIащ: «Аспирант щIалэр захуэщ, уеблэмэ абы и псалъэр профессорхэм жаIам нэхърэ нэхъ щхьэпэщ, сэри абы сриакъылэгъущ. Сэ къыхызолъхьэ инджылыз-адыгэшыр къабыл тщIыну, инджылыз-къэрэшеишым дытепсэлъыхьыныр зэкIэ пасэу къэтлъытэну. Хэт абыкIэ арэзы?» Псоми Iэ яIэтащ. Абы ипкъ иткIэ, I968 гъэм щегъэжьауэ адыгэш лъэпкъым и къуэпс инджылыз-къэбэрдеишыр утыку итщ икIи щыIэщ».
«Хьэрыпышым нэхърэ нэхъ дахэу, инджылызым нэхърэ нэхъыфIу, адыгэшым нэхърэ нэхъ бэшэчу щытын хуейщ шэшэнышыр», - яжриIауэ щытащ Кадыров Рамзан я лъэпкъыцIэр къызытещ шы лъэпкъым елэжьхэм. КъуэпсыщIэр къыщыхагъэхъукIым адыгэшыр къызэрагъэщхьэпар зэрэ-тIэурэ хъыбархэм къыхэIукIащ. Ауэ арэзы укъэзыщIын псалъэ а Iуэхум теухуауэ иджыри зэхэтхакъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: