Шэрджэсым уихьамэ, я хабзэ тет…

         Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм я деж къэкIуэрейуэ щытащ Европэм къикIа дипломат, чэнджэщэгъу, тIасхъэщIэх куэд. Абыхэм ящыщщ Спенсер Эдмонди. Ар Шэрджэсым къэкIуауэ щытащ I830 гъэм. Спенсер и нэгу щIэкIащ адыгэхэм я хэкум и хуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэ гуащIэр, щыгъуазэ зыхуищIащ абыхэм я хабзэхэм, я псэукIэм, я зэуэкIэм, яIущIащ шэрджэс дзэпщхэм, зауэлIхэм. А псор «Шэрджэсым сызэрыкIуар» тхылъым щитхыжащ Спенсер. Фи пащхьэ идолъхьэ абы и тхылъым щыщ пычыгъуэ.

         …Хы Iуфэм десылIа нэужь, мэзым фоч уэ макъ къыхэIукIащ, шу куэд дыдэ къытIущIащ, миным нызэрыхьэсынкъэ жыпIэну. ЩIалэ Iэчлъэчхэм кхъуафэжьей зыбжанэ къыхадзащ хым, ди кхъухьым къесылIэри драгъэтIысхьащ, ди хьэпшыпхэри кхъуафэжьейхэм иралъхьэри, хы Iуфэм напIэзыпIэм дынагъэсащ.

         Шэрджэс кхъуафэжьейхэр лъэгубгъуэт, псынщIагъуэт, зым цIыху 18-20 ист, абыхэм псыр бэлагъкIэ щыщIатхъуэкIэ, нэр тепыIэртэкъым. Сэ зэрызэхэсхамкIэ, цIыху 80 зэрыхуэ кхъуафэ яIэщ шэрджэсхэм; жьыхуи итщ абыхэм, бэлагъкIэ зэрызэIащIэм нэмыщI. Хым кхъуафэжьей псынщIэкIэ тохьэри, адыгэ хыдзэлIхэр сатуущIэхэм я кхъуафэхэм щытеуэ куэдрэ къохъу.

         Шэрджэс щIыналъэр дахэкIейщ, щIыпIэ зэгъщ, хьэуар щыкъабзэ дыдэщ, бгыщхьэмкIэ къриху салъкъын щIыIэтыIэр хы Iуфэм къосри, дыгъэм и гуащIэр зыхэпщIэркъым. Ар сэ щызгъэунэхуащ Пщадэ деж – абдежращ кхъухьым дыщикIар, шэрджэс хы Iуфэм десылIа нэужь.

         Хьэл зэрысхуэхъуащи, гъуэгу сытехьэн и пэкIэ, сыздэкIуэ хэкум и тхыдэм, и хабзэм, и псэукIэм, и дуней тетыкIэм щыгъуазэ зыхузощI дапщэщи. Нобэ сыкъызэрыхьа хэкум и тхыди, и хабзи, и псэукIи сызэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым сэ, тхылъ гуэрхэм къизджыкIаIамэ, арат хэсщIыкIыр. ЩIэныгъэлIхэм зэралъытэмкIэ, адыгэхэм я бзэр зытехуэ бзэ дунейм теткъым. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, шэрджэсхэм тхыбзэ яIэкъым: абыхэм я бзэм и макъхэр европей хьэрфхэм къигъэтIэсэгъуейщ – ар си фIэщ хъуащ шэрджэс псалъэхэр ди хьэрфхэмкIэ стхын мурад щысщIам щыгъуэ. Дэтхэнэ адыгэ лъэпкъми езым и бзэ щхьэхуэ иIэщ – аращ къызжаIар Истамбыл нэIуасэ щысхуэхъуа шэрджэсхэм. Абыхэм я деж щызэзгъэщIат адыгэ псалъэ зыбжанэ, ауэ ахэр Пщадэ деж къызэрысщхьэпа щыIэкъым – IэпэтэрмэшкIэ фIэкIа сагурыIуакъым хы Iуфэм къыщысIущIахэм.

         Шэрджэсым уихьамэ, я хабзэм тет: я фащэкIэ зыхуапэ – ар къыщызжаIат Истамбыл. Апхуэдэ чэнджэщыр къызэрыпщхьэпэнур си щхьэкIэ згъэунэхуащ. Я фащэкIэ зыщысхуэпам, адыгэхэм я гуапэ дыдэ хъуащ, нэхъ гумащIэ къызэрысхуэхъуами гу лъыстащ. Шэрджэс фащэр, шэч зыхэмылъращи, цIыхум йокIу, гъуэгу урытетынуи нэхъ щыгъын тынш бгъуэтынукъым, езыр зэрыдахэкIейм и гугъу умыщIыххи.

         Адыгэ шууей хуэдэ сызэщIэхуэпауэ, си плIэм фоч идзарэ къами скIэрыщIауэ, Пщадэ сыщежьэри, гъуэгу сытехьащ, а щIыналъэм я тхьэмадэ Индар Мыхьмуд деж сыкIуэн хуейти. Шы ахъырзэмани сагъэшэсащ. Шым фунтиплI хуэдизщ щIэстар – апхуэдэшым фунтищэ щиуасэщ Инджылызым.

         Гъуэгум шу Iэджэ гъусэ къыщытхуэхъуащ – тхьэмадэм деж дыщынэсам, шу мин дызэрыгъэхъуауэ къыщIэкIынт. IэщэкIэ зэщIэузэдауэ шу мин зи гъусэ гъуэгурыкIуэр ялъэгъуатэмэ, европейхэр къэщтэнкIи хъунт, ауэ ар мыбы зыми щигъэщIэгъуэнукъым: гъуэгу тет хьэщIэм гъусэ хуэхъу, дэкIуатэ щыхабзэщ Шэрджэсым. ЦIыху Iувым  яхэслъэгъуакъым е къыхэпIэнкIыкIа, е лъэбакъуэ лей зыча. Зым и унафэм едаIуэ хуэдэт псори; куэдрэ сахэплъа щхьэкIэ, псори зыфIэлIыкI, зэзыгъэдэIуэф яхэслъэгъуакъым гъуэгум гъусэ къыщытхуэхъуа шухэм. Щхьэж и увыпIэ ещIэж – абы щхьэкIэ унафэ лей хуейкъым адыгэхэр. Тыркухэм я зэранкIэ джэнуезхэм  япэIэщIэ хъуащ шэрджэсхэр, джэнуезхэр къахыхьэрейуэ щытащ нэхъапэм, сату ящIын щхьэкIэ. Абыхэми нэгъуэщI европей лъэпкъхэми нэхъ япэIэщIэ зэрыхъур лъандэрэ адыгэхэм Iэлыфэ къатеуауэ къызыфIэщI щыIэщ, сэ сахэтыху ядэслъэгъуамрэ щыгъуазэ сызыхуэхъуамрэ япкъ иткIэ? жысIэфынущ абыхэм апхуэдэфэ зэратемытыр. Нэхъ лъэпкъ гъэсарэ щэныфIэрэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым, щIыпIэ Iэджэм къыщыскIухьащи.

         Сащыхэхьа махуэм къыщыщIэдзауэ, ситхьэкъуащ шэрджэсхэм я теплъэм: шууей защIэщ, цIыху зэкIужхэщ, уардэхэщ, зи щхьэм пщIэ хуэзымыщIыж яхэслъэгъуакъым, я щхьэ зэрыхуитым зэрыригушхуэр дэтхэнэми и нэгум къощ. Европэм щыщ я нэхъ шууейри пэхъунукъым шэрджэс шум. Яшхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм нэхъ дахэрэ нэхъ къуданрэ срихьэлIауэ сщIэжыркъым, ди къэралми (Инджылызым) щыслъэгъуакъым адыгэшым пэхъун. Шэрджэс зауэлIым и фащэри йокIупс, цейращ дахэ дыдэр – хьэзыр идарэ дыжьын бгырыпхыр щIэкъузэжауэ; къамэ зыкIэрымылъ урихьэлIэнукъым – ар Iэщэ шынагъуэ дыдэщ, шэрджэс зауэлIым IэщIэлъмэ. Къамэм нэмыщI, шур фочрэ сэшхуэкIэ зэщIэузэдащ. КIэщIу жыпIэмэ, шэрджэс зауэлIыр – ар ирелъэс е ирешу – IэщэкIэ зэщIэузэдащ сыт щыгъуи. Бжы зи Iэщи сыщрихьэлIащ Шэрджэсым: ар ядзын хъумэ, зрагъэпщам фIэкIынукъым, а Iэщэм апхуэдизкIэ хуэIэрыхуэщи. Шабзэмрэ шабзэшэмрэ иджы къыщагъэсэбэпыр гыныр къащемэщIэкIым е Iэуэлъауэ зрагъэщIын щыхуэмейм дежщ. Гъуэгу щытехьэкIэ, щIакIуэ-бащлъыкъ здащтэ, уэшхымрэ щIыIэмрэ зыщахъумэн папщIэ; жэщыр гъуэгум щрахын хъумэ, щIакIуэр икIи и тепIэнщ, икIи щIэлъынщ; адыгэ щIакIуэм шэ зэрыпхымыкIым и гугъу сщIыххэнкъым – апхуэдэ щIакIуэ  куэдрэ  сыщрихьэлIащ  Шэрджэсым.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: