Япэ уэзджынэм и гуфIэгъуэшхуэ

Ди щIыналъэм и махуэ нэхъ дахэхэм ящыщщ нобэрейр. Дыщыпсэу къэралышхуэм и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ ЩIэныгъэхэм я махуэр. БлэкIа илъэситIым, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм дуней псом зыщиубгъуауэ щыщыта лъэхъэнэ гугъум, хуэ­мы­дэу фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Iэтауэ дэнэкIи щокIуэкI. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм нышэдибэ къыдыхьащ удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуопIащIэ я школхэм ще­кIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэшхуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 13-м щы-щIегъу. 

Зи гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр иуха сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ йокIуэлIэж я еджапIэхэм, сабий садхэм. 2022 - 2023 гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэр нобэ къыщоуэ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм. НыбжьыщIэхэм, абыхэм я ущиякIуэхэм - гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм - я махуэшхуэм хэтщ республикэ, щIыпIэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, къалэ, къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэр, жылэхэм я нэхъыжьыфIхэр, адэ-анэхэр. Япэм хуэмыдэу, ЩIэныгъэхэм я махуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр мы гъэм къы­зэIуахынущ УФ-м и къэрал ныпыр яIэтрэ ­хэкум и къэрал гимныр ягъэзащIэу. Ап­хуэдэу дяпэкIэ щытынущ гъэ еджэгъуэм и блыщхьэ къэс. Фигу къэдгъэкIыжынщи, жы­лагъуэм къыхалъхьа а жэрдэмыр диIыгъащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
Гухэхъуэщ зыхуей хуагъэзэжа, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ ящIыжа еджапIэхэм, яухуагъащIэ школыщIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ дэт щIэблэм уахэплъэну. Апхуэдэ гукъыдэж яIэщ абыхэм я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, адэ-анэхэм. А псори и фIыгъэщ иужьрей илъэсхэм къэралым егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зегъэу­жьы­ным гулъытэшхуэ зэрыхуищIым. Зы гъи къа­нэркъым абы хухах ахъшэр нэхъыбэ мыхъуу. Апхуэдэу ахъшэ мымащIэ хухах «Егъэ­джэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэ­лъэгъуа унэтIыныгъэм ипкъ иткIэ екIуэкI лэ­жьыгъэхэр къызэгъэпэщыным. А мылъкур хуаутIыпщ школыщIэхэр ухуэным, лажьэхэр зэгъэпэщыжыным. А Iуэхугъуэ псори зэфIэ­хыным набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ республикэм и пашэхэр, щIыналъэ, щIыпIэ унафэщIхэр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыпстуи шэ­щIауэ щокIуэкI щIыналъэм курыт школы­щIэхэр щыухуэным, щыIэхэр щызэгъэ­пэ­щыжыным епха лэжьыгъэхэр. Абыхэм къызэ­щIаубыдащ псори зэхэту еджапIэ 39-рэ, щIэуэ яухуэхэри хэту. Абыхэм ящыщу куэ­дым я бжэхэр ныбжьыщIэхэм къыхузэIуа­хыжащ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу. Адрейуэ ухуакIуэхэр иджыпсту зэлэжь еджапIэщIэу 10-м ящыщу щыр мы гъэм и дыгъэгъазэ мазэм хьэзыр хъунурэ, школакIуэхэм илъэ­сыщIэ тыгъэ гуапэ хуащIынущ. Псори зэхэту къапщтэмэ, 2022 - 2023 гъэхэм къриу­быдэу школ 50 щызэрагъэпэщыжынущ ди республикэм. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек егъэ­джэныгъэ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ игъэбелджыла къалэнхэр я тегъэщIапIэу, гулъы­тэшхуэ егъуэт егъэджэныгъэм и мылъку-техникэ лъабжьэр нэхъри гъэбыдэным, ар бжыгъэр зи тегъэщIапIэ технологие пэрытхэм тегъэувэным, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтын папщIэ, Iэмал псори къахузэгъэпэщыным. Апхуэдэщ егъэджа­кIуэ­хэм я улахуэм хэгъэхъуэным, егъэджэныгъэм технологие, методикэ пэрытхэр ­хэгъэхьэным, зэрырагъаджэ программэ­щIэ­хэр, тхылъыщIэхэр къэщтэным, егъэ­­джа­­кIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, лэжьыгъэм къыхэжаныкIхэр гъэпэжэным, бынунагъуэшхуэхэм щыщ сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм гулъытэ хэха яхуэщIыным, нэгъуэщIхэми ехьэлIа Iуэхухэми къэралыр зэрелIалIэр. КъинэмыщIауэ, школ щIэтIысхьэжыгъуэм ирихьэлIэу щIыпIэ куэдым щекIуэкIащ щэбэт щIыхьэхухэр. Абыхэм къыщалэжьа мылъкур бынуна­гъуэшхуэхэм щапI сабийхэм, щытыкIэ гу­гъум ихуа унагъуэхэм исхэм хуаутIыпщащ. 
Гулъытэшхуэ егъуэт щIэныгъэ зэгъэ­гъуэтыным епха япэ лъэбакъуэхэр ныбжьы­щIэм щич сабий гъэсапIэхэми. Апхуэдэ            Iуэ­хущIапIэщIэ куэд иужьрей илъэситIым ­щаухуащ ди республикэм. Абыхэм иджы щы­кIэлъоплъыф  зи  ныбжьыр илъэс ири­­мы­къуа цIыкIухэми. Апхуэдэ Iэмалхэр щыщыIэщ, къапщтэмэ, Налшык, Щхьэлыкъуэ, нэгъуэщI жылэми щаухуа садыщIэхэм. IэнатIэм зэпыу имыIэу щофIакIуэ гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Ди щIыналъэм и гъэсапIэхэр жы­джэру хэтщ республикэпсо, къэралпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, увыпIэфIхэри къыщахь. 
ГъэсапIэхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ щызы­гъуэта цIыкIухэм еджэным щыпащэ курыт школхэм, лицейхэм, гимназие зэхуэмы­дэхэм. Абыхэм яхэтщ предмет хэхахэр нэхъ куууэ щаджхэри, IэщIагъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм хэзыгъэгъуазэ курс щхьэхуэхэр къыщызэгъэпэщахэри, унэтIыныгъэ хэха зиIэхэри. Курыт щIэныгъэфI зыгъуэта ныбжьыщIэхэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэт кол­леджхэм, техникумхэм, институтхэм, нэ­гъуэщI еджапIэхэми. 
ЖыпIэнурамэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ къэрал IэнатIэхэм я унафэщIхэм зых­уагъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтынымкIэ Iэмал етыныр, ахэр щыпсэу щIыпIэмрэ къызыхэкIа социальнэ гу­пымрэ емылъытауэ. Аращ зыхуэунэтIар а Iуэхугъуэхэм епха лэжьыгъэ псори. Абыхэм шэщIауэ, и щхьэ течауэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр къызрихьэлIа республикэпсо шыщхьэуIу зэIущIэшхуэу иджыблагъэ Налшык къыщызэрагъэпэщам. Зэхуэсым къыщагъэнэIуащ гъэ еджэгъуэ блэкIам зыхунэмыса Iуэхугъуэхэри, дызэрыт лъэхъэнэщIэм къапэщылъ къалэнхэри щаубзыхуащ. 
ФокIадэм и 1-м, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, ди гуапэу дохъуэхъу еджэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэгъэгъуэтыным, егъэ­джэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум зи гъащIэр епха дэтхэнэми. Нобэ школхэм, гъэсапIэхэм екIуэлIэжа ныбжьыщIэхэм, абыхэм я гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм папщIэ щыIуну къэрал гимныр, абыхэм къахуеуэну япэ ­уэзджынэр, а IуэхущIапIэхэм щаIэтыну къэрал, республикэ ныпхэр угъурлы яхуэ­хъуну, я ­мурадхэр къехъулIэу, лъагапIэ­щIэхэм нэсу гъэ еджэгъуэщIэр узыншэу, лъэпощ­хьэпоуншэу кърахьэлIэну ди гуа­пэщ! 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Поделиться:

Читать также: