«Спартак-Налшык» (Налшык) – «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) - 1:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ШыщхьэуIум и 30-м. ЦIыху 200 еплъащ.
Судьяхэр: Шамарэ (Дон Iус Ростов), Типикин (Тихорецк), Ежак (Сочэ).
«Спартак-Налшык»: Сиукаев, Масленников, Къумыкъу (Ольмезов, 71), Белоусов, Далиев, Хьэшыр (Топурие, 58), Дэхъу, Черткоев (ХъутIэ, 58), КIэдыкIуей (Мэкъуауэ, 62), Лелюкаев, Ашуев (ЛIуп, 58).
«Мэшыкъуэ-КМВ»: Гиголаев, Кучиев (Рагулькин, 46), Цакоев (Рябов, 64), Гагиты (Талибов, 46), Строганов, Джумаев (Бахъсэнокъуэ, 14; Османов, 46), Текучев, Кожухарь, Хрипков, Абидокъуэ, Лебедев.
Топыр дигъэкIащ: Къумыкъум, 33 (1:0).
Дагъуэ къыхуащIащ: Абидокъуэм, Текучевым, Къумыкъум.
Джэгум къыхахуащ: Кожухарь
ФутболымкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI. Абы и 1/128 Iыхьэм хиубыдэу зэхуэзащ «Спартак-Налшыкымрэ» «Мэшыкъуэ-КМВ»-мрэ.
Командэхэр фIы дыдэу зэрыцIыхурт, абыхэм я зэIущIэхэр сытым дежи жыджэру, ерыщагъышхуэ къыщагъэлъагъуэу екIуэкIырт, нэхъ лъэщщ жыпIэу дэтхэнэ зыри къыпхухэгъэщынутэкъым. Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, налшыкдэсхэмрэ Псыхуабэ и командэмрэ мы гъэм зы зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Нэхъ лъэщыр щызэхамыгъэкIауэ, 2:2-уэ, абы щыгъуэм командэхэр зэбгъэдэкIыжащ. Къэралым и Кубокыр къэхьыным ехьэлIауэ «Спартак-Налшыкымрэ» «Мэшыкъуэ-КМВ»-мрэ щызэхуэзар 2017 гъэрат. Илъэситху ипэкIэ ди щIалэхэр 1:0-у я гъунэгъухэм ефIэкIауэ щытащ.
Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIа зэIущIэр зэхьэрхуэрэгъухэм жыджэрагъышхуэ къамыгъэлъагъуэу къыщIадзащ. ЗэпэщIэтыныгъэм нэхъыбэу щыплъагъур топ зыхуэгъажэт – ипэкIэ кIуэтэну хьэщIэхэми хэгъэрейхэми Iэмал къалъыхъуэртэкъым.
ЗэIущIэм япэ ебгъэрыкIуэныгъэр къыщызэзыгъэпэщар налшыкдэсхэращ. ЕпщыкIуплIанэ дакъикъэр екIуэкIыу топыр къызыIэрыхьа Ашуев Мурад хьэщIэхэм я штрафнойм щихьэм гъуащхьэхъумэхэм къызэтрагъэувыIащ.
Куэд дэмыкIыу контратакэ псынщIэкIэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-р къыбгъэдыхьащ хэгъэрейхэм я гъуэр ихъумэну а махуэм япэу дзыхь къызыхуащIа Сиукаевым. Абы а пычыгъуэм Iэзагъ лъагэ къыщигъэлъэгъуащ икIи топым къригъэгъазэри, угловойм игъэкIуащ. АрщхьэкIэ а Iуэхум псыхуабэдэсхэм я сэбэп къикIакъым.
Япэ Iыхьэм хуахаха зэманым и ныкъуэр блэкIауэ джэгур нэхъ къызэщIэплъэ хъуащ. «Спартак-Налшыкым» хуэм-хуэмурэ тепщэныгъэр иубыдащ икIи хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ зыщигъэбыдащ. Апхуэдэу ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр къезыхьэжьа Ашуевыр штрафнойм щихьэм топыр хуигъэжащ гъуэм нэхъ пэгъунэгъуу щыт Хьэшырым и лъэныкъуэмкIэ. Алан абы лъэщу еуащ, арщхьэкIэ щытыкIэр зи нэIэ щIэт Гиголаевым топыр угловойм игъэкIуащ. Куэд дэмыкIыу хьэщIэхэм я гъуэр къищтэну хэтащ Масленниковым, ауэ къаруушхуэ зыхилъхьа топыр гъуэм зымащIэкIэ блэлъэтащ.
ЕбгъэрыкIуэныгъэм я гупсысэ псори хуэзыунэтIа ди щIалэхэм зы зэманкIэ зыхъумэжыныгъэр IэщIыб ящIащ. ЩытыкIэр напIэзыпIэм къэзыгъэсэбэпа «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и футболистхэр бжыгъэр къызэIуахыным гъунэгъу дыдэ хуэхъуат. ХьэщIэхэм я гъуащхьауэр ди гъуэм пэгъунэгъуу къэна Масленниковым IэщIэкIри, гъуащхьэтетым и дежкIэ жыджэру иунэтIащ. АрщхьэкIэ Сиукаевым иджыри зэ игъэпэжащ кърагъэза дзыхьыр икIи хуэзанщIэу къыхуэкIуэ гъуащхьауэм и ебгъэрыкIуэныгъэр къызэпиудащ.
ЗэIущIэм и 33-нэ дакъикъэр екIуэкIыу ди щIалэхэм я гугъу- ехьым хуэфэщэн тыгъэ къыпэкIуащ. Ашуевым зэхиубла ебгъэрыкIуэныгъэр Къумыкъум къыдиIыгъащ. Штрафнойм щихьэм Джамболэт къыIэрыхьа топыр къигъэIурыщIэри, гъуэмкIэ иутIыпщащ. Гъуащхьэтетым пэжыжьэ плIанэпэм лъатэ топым Гиголаевым зыри хуещIэжакъым - 1:0.
ЕтIуанэ Iыхьэр зэхьэрхуэрэгъухэм нэхъ жыджэру къыщIадзэжащ. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэр къызэпызыуда хьэщIэхэм контратакэ псынщIэ къызэрагъэпэщащ. Абы хэту топыр къызыIэрыхьа Хрипковыр ди гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри, гъуэм хуэзанщIэ хъуауэ топым еуэну зыщигъэхьэзырым КIэдыкIуейм ар къигъэувыIащ.
ЗэпэщIэтыныгъэм и кIэух дакъикъэхэм «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и джэгукIэр нэхъ щIигъэхуэбжьащ. ЕтIуанэ Iыхьэр щыщIидзэжым губгъуэм къихьа Османовыр топыр иIыгъыу ди гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри, Сиукаевым хуэзанщIэ хъуащ. Аргуэрыжьти, Арсен Iэзагъышхуэ хэлъу, хабзэри къызэпимыуду топым къригъэгъэзэн хузэфIэкIащ.
Дакъикъэ зыбжанэ фIэкIа къэмынэжауэ «Спартак-Налшыкым» и иужьрей ебгъэрыкIуэныгъэр къызэригъэпэщащ. Сыхьэт ныкъуэ ипэкIэ джэгум къыхыхьа, иджыри ешыну хунэмыса Топурие ди щIалэхэм яхэту ипэкIэ кIуэтащ. Топыр зыIыгъ ди щIалэр IэщIэкIмэ, гъуащхьэтетым хуэзанщIэ зэрыхъунур къыщилъагъум хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэ Кожухарь хабзэр къызэпиуду фIэкIа абы пэщIэтыфакъым икIи судьям джэгур къигъэувыIащ. Командэм къыдыхэтым къыщхьэщыжыну судьям псалъэмакъ езыщIылIа Хрипковыр напIэзыпIэм джэгум къыхахуащ.
ЗэIущIэм щыщу къэнэжа зэманым ди щIалэхэм текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр яхъумащ икIи Урысейм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэм и финалым и 1/64-нэ Iыхьэм нэсащ. ФокIадэм и 14-м Ставрополь крайм и Ивановскэ къалэм «Спартак-Налшыкыр» щыIущIэнущ Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-р хэзыгъэщIа щIыпIэ «СтавАгроСоюз» командэм.