Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ лъэпкъыжьщ

Хуэбгъэфащэ хъунущ пасэрей адыгэхэр къызытепщIыкIыжа лъэпкъыр КъухьэпIэ Кавказым ди эрэм и пэ илъэс мин ещанэр щекIуэкIым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Мейкъуапэ культурэр щыщыIам, зэфIэувэу щIидзауэ. ИкIи ар, археологием къызэригъэлъагъуэмкIэ, щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ къэкIуахэмрэ зэхыхьэу къэхъуауэ аращ. Иужьрей илъэсхэм ягъэтэмэмащ Мейкъуапэ культурэр щызэфIэувэм абы а лъэхъэнэм культурэ лъагэ зиIа Переднэ Азием иса лъэпкъхэм я жэрдэм куэду халъхьауэ зэрыщытар. Языныкъуэхэм хуагъэфащэ а зэман жыжьэм Переднэ Азием къикIа лъэпкъ гуэрхэм я культурэр мыбы къыздахьу щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ абыхэмрэ зэхэпшэхъуэжауэ. КъэкIуа лъэпкъхэм культурэ гъуэзэджэ яIагъэнущ, абы ижь Мейкъуапэ культурэми къыщIихуагъэнущ. Абы и щыхьэтщ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщатIэщIа Iуащхьэкхъэхэр (Мейкъуапэ культурэр зезыхьа лъэпкъхэм хьэдэр зэфIэгъэпкIауэ и щхьэр къэблэмэмкIэ гъэзауэ щIалъхьэрт; мащэм псыхъуэ мывэкIэщхъ иракIутэрт; цIыху цIэрыIуэ, тепщэ хуэдэхэм я кхъэр мывэу къращIыкIырти Iуащхьэ тращIыхьыжырт).

Апхуэдэ Iyaщхьэхэм ящыщу я цIэ къиIуапхъэщ зи гугъу тщIа Мейкъуапэ Iуащхьэкхъэхэм, Налшык, Кыщбэк Iуащхьэкхъэхэм. Абыхэм домбеякъымрэ дыщэмрэ къыхэщIыкIауэ хьэпшып куэд къыщIэкIащ. А Iуащхьэхэм къыщIатIыкIамкIэ уеплъмэ, Мейкъуапэ культурэр, и зэманым еплъытмэ, лъэрымыхьакъым. Ар зезыхьа лъэпкъхэм Iэщ зэрахуэрт, мэкъумэш ящIэрт, дыщэкIхэр яхэтт. Мейкъуапэ культурэм, зэрыжытIащи, щIыпIэм къихьа лъэпкъ гуэрхэм зригъэужьащ. АтIэ хэт хъуну ахэр, дэни къикIа? Иджыпсту IупщIыр зыщ – ахэр Переднэ Азием (абы хохьэ иджырей Тыркур, Ираныр, Щамыр зэрыс щIыналъэхэр – абы исахэщ хеттхэр, египтянхэр, шумерхэр, нэгъуэщIхэри) къикIащ, ауэ зэкIэ жыIэгъуафIэкъым ахэр къыщежьа дыдэр, зэрыпсалъэу щыта бзэр.

Абы ехьэлIауэ гъэщIэгъуэнщ Мунчаев Р. М. и хуэгъэфэщэныгъэр. КъэхутакIуэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, Мейкъуапэ культурэм и лъабжьэр шумерхэм е нэхъ ипэжыпIэкIэ хуррит жыхуаIэхэм (Месопотамием – иджырей Иракым иса лъэпкъщ) ягъэтIылъащ ди эрэм и пэкIэ илъэс мин ещанэхэм деж. Апхуэдэ гугъэкIэр къашэ Мейкъуапэ культурэмрэ Месопотамием пасэрей хьэпшыпу къыщагъуэтахэмрэ куэдкIэ зэрызэщхьым.

НэгъуэщI еплъыкIэкIэ (абы малоазийскэкIэ йоджэ) а культурэр хатт лъэпкъхэм (шакшхэм) ирапх. Ар нэхъ яукъуэдий Л. Н. Соловьевэмрэ нэгъуэщI археологхэмрэ. З. В. Анчабадзерэ Ш. Д. Инал-ипэрэ зэралъытэмкIэ, адыгэ-абхъаз лъэпкъыр Кавказым и тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щызэфIэуващ. Азие ЦIыкIум къикIа лъэпкъ гуэрхэмрэ езы щIыпIэм иса лъэпкъхэмрэ зэхэзэрыхьри, абы я бзэри текIуауэ хуагъэфащэ. Кашкхэр (каскхэр) зэпэгъунэгъуу зэпыщIауэ щыта лъэпкъ куэду зэхэт хатт цIэм къызэщIиубыдэм ящыщ зыщ. Абы я бзэр хатт бзэм и зы къуэпсщ, Кавказым и Iэшэлъашэхэм пэмыжыжьэу Азие ЦIыкIум и гъунапкъэхэм щыпсэуащ. Хаттхэмрэ кашкхэмрэ военно-демократическэ зэхэтыкIэ яIащ икIи хетт империем и дежкIэ шынагъуэ мыухыу екIуэкIырт, сыт щыгъуи абыхэм защихъумэн хуей хъууэ. Кашкхэм зэкъым, тIэукъым, уеблэмэ, хеттхэм я къалащхьэ Хаттушаш зэрагъэгулэзар. Кашкхэр щыпсэуа дыдэр Азие ЦIыкIум и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ плIанэпэм къыщалъыхъуэ Галис (иджы Кызыл-Ирмак тырку щIыналъэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ щыIэщ) псым пэгъунэгъуу. Хетт тхыгъэхэмрэ ассирийскэ пащтыхь Тиглатналасар Езанэм, Саргон ЕтIуанэм ятеухуа блын тхыгъэхэмрэ къызэрыхэщымкIэ, кашкхэр Азие ЦIыкIум и ищхъэрэ-къуэкIыпIэм щыпсэуащ. Пасэрей куржы, урыс, хьэрып тхыгъэхэм кашкхэр шэрджэс лъэпкъхэм пэгъунэгъу ящI. Апхуэдэу куржы тхыгъэжьхэм шэрджэсхэр зэращIэр «кашаг», – жаIэу аращ, пасэрей урысхэм зэрацIыхур, «касогщ», осетинхэр ижькIэрэ адыгэхэм «кашконкIэ» къоджэ.

Кашкхэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм ящыщащ. Ахэр зэрыпсалъэу щыта хаттыбзэр, хамэ къэрал щIэныгъэлIхэми дыдейхэми зэралъытэмкIэ, псом хуэмыдэу адыгэ-абхъазыбзэм пэгъунэгъущ. Бзэ щIэныгъэм и еджагъэшхуэ Дьяконов И. етх хаттыбзэр, пасэрей къуэкIыпIэмкIэ щыIэ лъэпкъхэм я бзэм ебгъапщэмэ, япэщхьэхуэу, «абхъаз-адыгэбзэм и зэхэлъыкIэ нагъыщэхэр» иIэу. Апхуэдэ зэтехуэныгъэхэр археологиеми этнографиеми щыбгъуэтынущ, абыхэм я псэукIам, я культурэм, я диным щыщу къэна гуэрхэр адыгэ-абхъаз гъащIэ еплъыкIэ гуэрхэм ебгъапщэмэ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм щхьэкIэ, кашкхэм я тхьэ Адад жыхуиIэм хэт дадым адыгэбзэкIи абхъазыбзэкIи адэ, лIыжь, тхьэмадэ къызэрикIыр, дуней берычэтымрэ зэIузэпэщымрэ я тхьэ  анэ Нан-кIэ зэджэр, выр тхьэпэлъытэу зэраIар, блэм мэгъу мыхьэнэ зэрыкIэрапхэр, я пыIэр зэрыпапцIэр, къамэ зэракIэрыщIар. Адыгэ-абхъазхэмрэ Переднэ Азием иса лъэпкъхэмрэ этническэ зэпыщIэныгъэ зэраIам и щыхьэтщ IуэрыIуатэри. Апхуэдэу, IуэрыIуатэм хэтщ хъыбар зыбжанэ адыгэхэри абхъазхэри ипщэ щIыналъэ гуэрхэм къикIауэ. Антрополог Бунак В. В. зэрилъытэмкIэ, Азие ЦIыкIумрэ КъухьэпIэ Кавказымрэ ис лъэпкъхэр «понтийскэ расэкIэ» зэджэм хохьэ.

Кавказ Ищхъэрэм ис цIыхухэр антропологхэм гупищу ягуэш: восточнокавказскэ – «каспийскэ», центральнокавказскэ – «кавкасион», западнокавказскэ – «понтийскэ». Кавкасионым хохьэ къэрэшейхэр, балъкъэрхэр, осетинхэр, шэшэнхэр, ингушхэр, зы лъэныкъуэкIэ абы ягуэтщ къэбэрдейхэри. Мы гупым я нагъыщэщ, япэрауэ, зэрыщхьэпэлъагэр, зэрынэпкъпэпкъыбгъуэр, зэрыжьакIэ кIырыр, н.

Понтийскэм хыхьэхэр нэхъ нэкIу бгъузэщ, жьакIэ кIыркъым, я Iупэхэр пIащIэщ, я нэр захуэщ, нэ къуэлэнхэр йобэкI. Абхъаз адыгэхэр, зэрыжытIащи, Азие ЦIыкIум къикIауэ зэрыщытам и щыхьэту увынкIэ хъунущ а щIыпIэм узыщрихьэлIэ псыцIэхэмрэ КъухьэпIэ Куржым щыIэхэмрэ зэрызэтехуэр. Апхуэдэщ КъухьэпIэ Куржым – Ахапс, Лашыпс, Хыпс, Дагарыпш, Хьэпрыпш, н.; Азие ЦIыкIум – Синопэ, Акампше, Апсарса, Дуабзу, Супса, н. Мы фIэщыгъэхэр зейр абы щыпсэуа адыгэ-абхъазхэм я пасэрейхэрщ. Зэбгъапщэ хъунущ лъэпкъыцIэхэри цIыхуцIэхэри. Апхуэдэщ хаттхэмрэ Псыжь щыпсэууэ щыта адыгэ лъэпкъ хьэтыкъуейхэмрэ, адыгэцIэ Хьэту жыхуэтIэр, н. А щIыкIэм тету иджы жаIэ адыгэ абхъазхэмрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа хаттхэмрэ лъэпкъ зэблагъэу, зэгъунэгъуу щытауэ. Абы уи фIэщ пщIы хъуни хэлъщ. Ахэр къыщыкIуам щIыпIэм иса лъэпкъхэм яхэзэрыхьащ, я бзэри абы иратащ. Аращ хаттхэм я бзэмрэ адыгэ-абхъазыбзэмрэ псалъэ зэтехуэхэр щIыхэтри. Дауи, домбеякъым и лъэхъэнэ жыжьэм абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я пасэрейхэр нэхъ зэгъунэгъуу щытащ, тенджыз ФIыцIэм (Понтэ) и Iуфэ екIуэкIыр яIыгъыу. Ахэр зэпэщхьэхуэ щыхъуар иужькIэщ. Абы щIидзагъэнущ ди эрэм и пэкIэ илъэс мин етIуанэ екIуэкIам икухэм деж, е нэхъ пасэжу. А лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэпэIэщIэ хъууэрэ лъэпкъ щхьэхуэ зырызу зэфIэуващ. (Иджы адыгэбзэмрэ абхъазыбзэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэщ, зыр зым къыгурымыIуэжу). Ди эрэм и пэкIэ етIуанэ илъэс миныр щекIуэкIым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы фIэщыгъэщ яIар – «кашкхэр» (языныкъуэ къэхутакIуэхэм абы ирапх «Кавказ» фIэщыгъэри). Ауэ а етIуанэ илъэс миныр щиуххэм и деж нэгъуэщI фIэщыгъэщIи къохъу – «абешла» (апсил – апсуа, нэгъуэщIу жыпIэмэ – абхъазхэр).

А щIыкIэм тету нэхъ иужьыIуэкIэ адыгэ лъэпкъхэм нэгъуэщI лъагъуэ пхаш. Ди эрэм и пэкIэ VIII–VII лIэщIыгъуэхэм Кавказым киммерийцхэр къоужьгъэ, кIэлъыкIуэу къэжэрыбзэ зыIулъ скифхэр Европэм и ипщэ-къуэкIыпIэ губгъуэхэмкIэ къокI. Ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэхэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм аргуэру къызэрогуэ къэжэрыбзэм ирипсалъэ сарматхэр. Ахэр Дон Iуфэрэ Индыл лъэныкъуэкIэрэ къикIащ. Абы кIэлъыкIуэу ди эрэм и пэкIэ лIэщIыгъуэ езанэм Кавказ Ищхъэрэм къыщетIысэхащ сарматхэм я лъэпкъэгъу аланхэр. А щIыкIэм тету щIыпIэ-щIыпIэхэм къэжэрыбзэ зыIулъ лъэпкъхэм зыщаубгъуащ (иранизацэм зыщиузэщIащ).

Апхуэдэу щIыпIэм иса лъэпкъхэм къахэшыпсыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм м къыщыхъуащ осетин лъэпкъыр. Ауэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым иса лъэпкъхэм я иберийскэ-кавказскэ бзэр къэжэрыбзэм текIуэри мыбы иса лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр зэтеIыгъа хъуащ нобэр къыздэсым. Абы и щхьэусыгъуэр къэщIэгъуафIэкъым. Кавказовед цIэрыIуэ Крупнов Е. И. зэрилъытэмкIэ, ар къыхэкIащ «Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым иса лъэпкъхэм я бзэм нэхъ зэфIэкI иIэу, къулейуэ, я ухуэкIэкIэ зэгъэпэщауэ зэрыщытам». Мы жытIа псоми къешэ абхъаз-адыгэ лъэпкъыр КъухьэпIэ, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зэрыщызэфIэувар. Ар зэрыхъун хъуауэ зыщIыпIи къикIакъым (щIэныгъэлI гуэрхэм апхуэдэу зыукъуэдий яхэтми). Абы къыхэкIыуи абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ Кавказым и автохтон лъэпкъхэм ящыщщ, ар тхыдэ щIэныгъэр здынэсами пэрыуэркъым, ауэ хэхэс гуэрхэри зэрыщыIам шэч хэлъкъым.

БетIрожь Руслан.
Поделиться: