ЗекIуэм пыщIа хабзэхэр

Адыгэхэм я гъащIэм зекIуэм мыхьэнэуэ щиIар къэлъытэгъуейщ. ЗекIуэм пыщIа Iуэхугъуэ псори зэхэплъхьэмэ, зы щIэныгъэ псо мэхъу.  Абы зэпкърыхауэ тотхыхь тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэн.

«Зауэм, зекIуэмрэ я хабзэмрэ, лIыхъужьыгъэм и щапхъэм адыгэхэм хуэдэу зезыгъэужьа абыхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм яхэткъым, – апхуэдэу къелъытэ КIашэ А. – Шууей нэсу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лIыхъужьу щытыныр адыгэ щхьэхуитым гъащIэмрэ ажалымрэ хэдэным хуегъадэ. ИкIи абы гурыIуэгъуэ ещI, цIыхубзхэмрэ зи щхьэ хуимыт цIыхухэмрэ хэгъэкIауэ, адыгэхэм зекIуэлI хъуну хуэмея зэрахэмытар».

Тхыдэ къызыхэщ адыгэ уэрэдыжьхэм яIэтыр, ягъэпсыр зи хэку зыхъумэж зауэлIхэм я закъуэкъым, атIэ гъунэгъу къуажэхэм теуэхэри лIыхъужьыцIэ зэрахьэу хэтщ. Нало Заур гу зэрылъитащи, «лIыгъэ, хахуагъэ и лъэныкъуэкIэ бийм пэщIэтынри а зэманым щызэхуэдащ…»

Шууей IэкIуэлъакIуэу цIэрыIуэ хъуар пщIэ зыхуащI, хабзэ хэIэтыкIа зыкIэлъызэрахьэ лIыхъужьт. Лъэпкъ зэхуэс хъуамэ, абы и псалъэм мыхьэнэшхуэ иратырт, батырыбжьэ къыхуагъэфащэрт.

Сталь К. 1990 гъэм Тифлис къалэ къыщыдигъэкIа «Этнографический очерк черкесского народа» тхылъым итщ: «Шым шэсырейуэ щымыта лIым пщIэ лъэпкъ хуащIыркъым, щIалэгъуалэм ар ауан щIыпIэу яIэщ, цIыхубзхэм Iумпэм ящI. Адыгэ цIыхубзым лIыгъэмрэ цIэрыIуагъэмрэ яфIэфIщ: щIалагъэр, дахагъэр, мылъкур зыуи къилъытэркъым абы, и псэлъыхъум хахуагъэкIэ и цIэр имыгъэIуамэ».

КIашэ А. зэритхамкIэ, куэдрэ къэхъурт «цIыхубзым и щытхъу псалъэм лIыр хахуагъэ къыщыгъэлъэгъуапхъэ Iуэхугъуэхэм зэрытригъэгушхуэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, шэрджэс цIыхубзым шууей IэкIуэлъакIуэм, зекIуэлI нэсым пищI щыIэтэкъым». Абы щыхьэт тохъуэ адыгэхэм я хъыбарыжь, IуэрыIуэтэж куэд. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ Беслъэней къуажэм щыщ ПIатIэ А. жиIэжар, МафIэдз Сэрэбий и тхылъым къыщихьа хъыбарыр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Къанокъуэхэ я пщы щIалэщIэ, акъылыфIэ икIи хьэл зэтет зиIэр, ауэ зауэ-банэм, зекIуэм хыхьэн зыфIэмыфIыр, зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. А хъыбарыр щхьэжэ зыщыхъуа щIалэм и ныбжьэгъухэр, гуащэм къыщыхуэгузавэм, къеупщIащ: дауэ хъуа Iуэхур, зиуIэжа е зыгуэрым къиукIа уи щхьэгъусэр? ЛIыгъэкIэ цIэрэ щхьэрэ зэзымыгъэгъуэта лIым и псэукIэм зэи арэзы темыхъуэ гуащэм жэуап къитыжащ: «Хэт къиукIынт ар? Куэбжэпэм щыфIэкIа къэхъуакъым. УIэгъэ лъэпкъи зэи телъакъым. И фэм фэнд къыхэпщIыкIамэ, мэкъуауэхэм псы щIыIэ ярихуэпхь хъунут».

Нэчыхь ирагъэтха, унагъуэ хъуа нэужь Хъан-Джэрий зытепсэлъыхьа хабзэр къызытехуэ псоми ягъэзащIэт: «пщым, уэркъым къыхэкIар фыз къишэу махуитI-щы зэрыдэкIыу… гъуэгу жыжьэ теувэрт, лIыпIэ зэриувар хахуагъэкIэ, бэшэчыныгъэкIэ къигъэлъагъуэ щIыкIэу». ЗекIуэм и хабзэр жыжьэ дыдэу къыщожьэ. Илъэс минитIым щIигъу зи ныбжь «Нарт хъыбарыжьхэм» адыгэхэр къызытехъукIа нарт цIэрыIуэхэр егъэлеяуэ хахуэу, къикIуэт зымыщIэ лъэпкъыу щыгъэпсащ. Нарт хъыбархэм я сюжет куэдым лъабжьэ хуэхъуар гъунэгъу лъэпкъхэм зэрезауэр, зэрытеуэр, абы былымрэ шырэ кърахуу, мылъку къытрахыу зэрыщытарщ.

Щхьэусыгъуэ пыухыкIа гуэри имыIэу, нартхэр гъуэгу куэдрэ тоувэ - я лIыгъэмрэ я зэфIэкIымрэ къыщагъэлъэгъуэн щIыпIэ лъыхъуэхэу. Адыгэ хъыбарыжьхэм зэрыхэтымкIэ, шым тес защIэу я гъащIэр ягъакIуэри, лIыхъужь цIэрыIуэхэр уанэгум инауэ къонэ. Адыгэ уэрэдыжьхэм зэрыхэтымкIэ, апхуэдэхэм «зекIуэлI» хужаIэ, абы нэмыщIкIэ «уанэгулIкIэ», «шыплIэрыхькIэ» йоджэ.

«ЗекIуэ» псалъэм зауэм пыщIа ежьэныгъэ къокI, армырамэ ар зытеухуар дыгъуэн-хъунщIэнырщ. «Зыгуэрым теуэныр, хъунщIэныр адыгэм къызэрилъытэр хахуагъэущ, щIалэгъуэм, къарум и щыхьэтущ, – етх Хъан-Джэрий, – ауэ уи благъэ е уи гъунэгъу уедыгъуэжыныр а лъэпкъым дежкIэ емыкIушхуэ зыпылъщ. Апхуэдэ къызыIэщIэщIар нэхъапэм хэкум ирахуу е и IитIыр пхауэ псым хадзэрэ ирагъэтхьэлэу щытащ…»

ЗэгурыIуэныгъэкIэ зэмыпха, къыгуэмыт гъунэгъу лъэпкъым и щIым теуэныр хабзэншагъэу къэлъытэн дэнэ къэна, яфIэзахуэт. Хэкум нэхъ пэIэщIэху ежьахэм я пщIэр нэхъ инт. Аращ щIыпIэ жыжьэхэм я лъэ щIынахусу щытари. Абы щыхьэт тохъуэ хъыбарыжьхэри, тхыдэри. Зауэ IуэхукIэ ежьамэ, адыгэм къалэн зыхуигъэувыжыртэкъым щIы къизэууэ ар иубыдыну. ЗекIуэ ежьам сыт щыгъуи и хэку къигъэзэж и хабзэт.

Къызэрытынур тхьэмахуитI-щыми е илъэс зытIуми – зэлъытар здэкIуэм и жыжьагъырат. Къэшэж ТI. итхыгъа хъыбарыжьым къызэриIуатэмкIэ, ику ит лIэщIыгъуэхэм я щIэдзапIэм къриубыдэ зэманым уэркъхэм, лIакъуэлIэшхэм «чэзууэрэ ежьэн хуейуэ къатехуэрт. Илъэс плIырыплIкIэ къэта нэужь хэхъуэншэу къагъэзэж хъунутэкъым – ар напэтехт».

ЗекIуэм хэт цIыху бжыгъэр зэхуэдэтэкъым - щэ бжыгъи мин бжыгъи хъункIэ хъунут. Шу закъуи щыIэт. Адыгэ IуэрыIуатэм ихъумащ шу закъуэу  къэзыкIухь лIыхъужьхэм я цIэхэр: Андемыркъан, Борэ, Хьэтх и къуэ Мыхьэмэт, Дохъушыкъуэ Бгъунщокъуэ.

Уэркъхэм къащхьэщыкIыу, пщыхэм я закъуэу къакIухьыну къезэгъыртэкъым. Гъусэ нэхъыбэ яIэхукIэ я пщIэр нэхъ инт. МэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэри, уеблэмэ, щхьэхуимытхэри зекIуэм щыхэт къэхъурт. АбыкIэ цIэрэ щхьэрэ щызрагъэгъуэт щыIэт. Сыт хуэдэ ежьэныгъэми адыгэр зэреджэр зекIуэт, ауэ щыхъукIэ, а ежьэныгъэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэт. Псалъэм папщIэ, зекIуэр зауэм и хьэтыркIэ куэдрэ къызэрагъэпэщырт. Апхуэдэу 15-нэ лIэщIыгъуэм Инал цIэрыIуэр – къэбэрдей пщыхэр къызытепщIыкIыжар, Абхъазым зекIуэ кIуауэ щытащ. И щыкъу адэм дэIэпыкъукIэрэ, мегрелхэм япщ Дадиани Мамие и дзэхэр зэтриукIащ. ЗэрыпхъуакIуэхэм, бийм зэрапэщIэувэ, зауэ зэрырагъэкIуэкI Iэмалу къэплъытэ хъунущ зекIуэр.

Къалэн гуэр зыхуагъэувыжа е тхьэрыIуэ ятами – абы къыхэкIынкIэ хъунут ежьэныр. Дэ тфIэгъэщIэгъуэн зекIуэр куэд щIауэ къежьа хабзэжь «зауэ демократием» и лъэхъэнэм лъабжьэ зэзыгъэгъуэту феодалхэм я зэманым зызыхъуэжауэ къекIуэкIырщ. А хабзэр зыхуэдэр нэгъэсауэ итхыжащ Хъан-Джэрий: «ЗекIуэ ежьэгъуэу адыгэм зэман хэха яIэщ... гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ. Абдежым уэркъ щIалэ гупхэр зэхуашэсри, пщыхэм щIыпIэ зэгъуэкI къыхах, пщыIэ ящIри щIотIысхьэ. ИтIанэ щхьэж хузэфIэкIымрэ къытехуэмрэ илэжьыну иужь йохьэ. ЩIалэгъуалэм щыщ къуажэхэм кIуэурэ яукIыу яшхыну мэл, Iэщ къаху... къэбдыгъуну яфIэемыкIу шхыныгъуэхэр, ху, кхъуей, шэ хуэдэхэр, гъунэжу жылэхэм кърах. Шууей нэхъыфIхэр абы къриубыдэу щIыпIэ жыжьэхэм макIуэ, шыбз гуартэхэр къаху, цIыху гъэру яубыд, къаIэрыхьар я Iыхьэу жэщи махуи ефэ-ешхэу, къежьэу зэхэс я ныбжьэгъухэм деж къокIуэж. Апхуэдэу бжьыхьэр ягъакIуэ, щIымахуэр къэсыху, гъатхэр ирах, гъэмахуэр хуабэ дыдэ хъуху...» Апхуэдэ зэхуэсхэр, ежьэныгъэхэр, Белл Дж. къызэригъэлъагъуэмкIэ, бзыщIауэ, щэхуу екIуэкIырт икIи тепщэу щытхэрат ар къызэзыгъэпэщыну, абы хэтыну хуитыр.

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: