Адыгэ лъэпкъхэр къызэрыхъуам теухуауэ

Иджырей адыгэхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр къызэщIэзыубыдэ адыгэ лъэпкъыр къызэрыхъуа щIыкIэр кавказоведенэм иджыри IупщIу иубзыхуауэ плъытэ хъунукъым. Ауэ жыпIэ хъунущ адыгэхэм я къуэпсыр пасэрей меот, синд, псесс, керкет, зих, кашк (касоги) илъэс минитIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, тенджыз ФIыцIэмрэ Азоврэ я Iуфэм щыщIэдзауэ Псыжь и къежьапIэр хиубыдэу Iусахэм я деж къызэрыщежьэр. 
Абыхэм я тхыдэр IупщIу къыщыхощыж алыдж, урым тхакIуэхэу Гекатей, Милескэм (ди эрэм и пэкIэ VI лIэщIыгъуэ), Геродот (ди эрэм и пэкIэ V лIэщIыгъуэ), Страбон, Диодор Сицилийскэм (ди эрэм и япэ лIэщIыгъуэ) сымэ я тхыгъэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэ къабзэу дощIэ ди эрэр щыщIидзэм (илъэс минитI хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ) а адыгэхэр къызытепщIыкIыжа лъэпкъхэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус зиххэр я пашэу зэгухьэу зэрыщIадзар. ИкIи илъэс мин и пэкIэ (ди эрэм и X лIэщIыгъуэм) адыгэхэр зы бзэ, зы щэнхабзэ яIэу лъэпкъыу зэфIоувэ. 
Нэхъ иужьыIуэкIэ, XII–XIV лIэщIыгъуэхэм къэбэрдейхэр къуэкIыпIэмкIэ къэкIуатэри, лъэпкъ щхьэхуэу зэфIэуващ. ЖыIэпхъэщ адыгэхэм я къэхъукIам и къуэпсыр зэрыкуур. Абы я этногенезыр (лъэпкъхэр къызэрыхъу, зэрызэфIэувэ, зэрызаужь), Кавказым ис дэтхэнэ адрей зы лъэпкъми хуэдэу, зи гугъу тщIа лъэхъэнэм (ди эрэм и пэкIэ япэ илъэс миныр щекIуэкIым) куэдкIэ и пэ ихуэу зэрыщIидзари къыхэгъэщыпхъэщ. Ауэ къыжыIэн хуейщ иужьрей зэманым кавказоведенэм иберийскэ-кавказскэ бзэхэр джынымкIэ (абы адыгэбзэри хохьэ), ди эрэм и пэкIэ илъэс мини IV–III-хэм абы ирипсалъэу щытахэр къэхутэнымкIэ лэжьыгъэ гуэрхэри зэрыригъэкIуэкIыр. Ар зытехуэр тхыдэм домбеякъым (бронзэм) и лъэхъэнэ жыхуиIэрщ, икIи хуэбгъэфащэ хъунущ абы щыгъуэ иберийскэ-кавказскэ бзэхэр зэхыхьауэ, Кавказым и къухьэпIэмкIэ абхъаз-адыгэ лъэпкъ гупри щызэфIэувауэ. Абы къыхэкIыу узыщIэупщIапхъэ Iуэхугъуэ куэд къоув я щIэныгъэ мыхьэнэ къудейкIэ мыхъуу, тхыдэм и зыужьыныгъэми ехьэлIауэ. 
Сыт щIа апхуэдэу пасэрей адыгэхэр къызытехъукIыжа лъэпкъхэр Кавказым и Ищхъэрэ-Къухьэп1эм зэрисрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, плъытэ хъуну ахэр Кавказым ис лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщу? Армыру, ахэр Кавказым къэкIуамэ, дэнэ ахэр щыпсэуар Кавказ Ищхъэрэм къэкIуэн и пэ? МыдэкIэ укъызэIэбэкIыжмэ, адыгэ лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ домбеякъ лъэхъэнэм Кавказ Ищхъэрэм щыIа щэнхабзэмрэ, нэхъ пыухыкIауэ убгъэдыхьэмэ, ди эрэм и пэ илъэс мин 3-нэм щыIа Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ зэпыщIэныгъэ гуэр яIэ? Мы упщIэхэм жэуап ягъуэта нэужь адыгэ этногенезыр зыкъомкIэ IупщI хъунут. 
Пасэрей адыгэхэм я тхыдэр джыным (тхыбзэ зимыIа дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу) археологием увыпIэшхуэ щеубыд. Адыгэ лъэпкъхэм я щIыпIэу щытахэр тэмэму къэхутэнымкIэ сэбэп хъунущ щIыпIэцIэхэр, псыцIэхэр. Апхуэдэу Кавказым и Ищхъэрэ-Къухьэп1эм адыгэ-абхъазыбзэм ирипсалъэ лъэпкъхэр зэрыщыIам и щыхьэтщ «псы» псалъэр лъабжьэ зыхуэхъуа цIэхэр: Псыт, Псыкупс, Туапсей, н. къ. Пасэрей лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр, зэблагъэныгъэр джыжа хъун щхьэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ антропологием. Мыбы щхьэ къупщхьэ, цIыхум и пкъыгъуэхэр зэригъапщэурэ ахэр зэрызэщхьыр, зэрызэмыщхьыр къехутэ. Абы хуэдэщ бзэхэр джыным и Iуэхури. Бзэхэр зэрызэпыщIар, зэрызэщхьыр къэхутэныр (глоттогенезыр) этногенезым и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. ЗэрыжытIащи, адыгэбзэр иберийскэ-кавказ бзэ гупым яхэтщ. Абхъазыбзэм, адыгэбзэхэм нэмыщI абы хохьэ картвелыбзэр (грузиныбзэр), нахъ, вайнахъ бзэхэр (шэшэныбзэр, ингушыбзэр), дагъыстаныбзэхэр (аварыбзэ, лакыбзэ, н.). Адыгэбзэр мы бзэ гупым зэрыхыхьэм къегъэлъагъуэ адыгэхэр Kaвказым ис лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм зэращыщыр. 
Адыгэхэр къызыхэкIа, къызэрыхъуа щIыкIэм теухуауэ хуэгъэфэщэныгъэ гуэрхэр щIэныгъэлIхэм зэман-зэманкIэ жаIэ. А Iуэхум щIэныгъэлIхэм бгъэдыхьэкIитI хуаIэу плъытэ хъунущ. Языныкъуэхэм зэралъытэмкIэ, адыгэхэр мы щIыпIэм къэIэпхъуащ. Абы щыгъуэми адыгэхэм я къэхъукIар нэхъыбэу зрапхыр ахэр къыздикIа щIыпIэрщ. ЩыIэщ адыгэхэр сарматхэм, тыркухэм, уеблэмэ славянхэми къахэкIауэ жызыIэ. Адыгэхэр къатепщIыкIауэ ялъытэ Аравием, Мысырым, Щам къикIа цIыхухэм. 
НэгъуэщIхэм хуагъэфащэ къэжэрыбзэ зыIулъа киммерийцхэм, сармато-аланхэм (осетинхэр къызытепщIыкIам), тырку лъэпкъхэм (гуннхэм, хазархэм), угро-финнхэм, н. къ. къытекIауэ. АрщхьэкIэ щIэныгъэм зэрызиубгъум (псом хуэмыдэу адыгэбзэр иберийскэ-кавказ бзэ зэрыбыным зэрыщыщыр зэрагъэтэмэмрэ) къэхутакIуэ куэдым яIэщIихыжащ адыгэхэр нэгъуэщI щIыпIэ къикIыу Кавказым къэIэпхъуагъэнкIэ зэрыхъуну гукъэкIыр. Абы къыдэкIуэуи щIэныгъэлIхэр егупсысащ адыгэхэм я къуэпсыр тхыдэм и лъащIэ нэхъ куууэ зи цIэ итIуа лъэпкъхэм я гугъу аркъудей ущримыхьэлIэхэми къыщылъыхъуэн зэрыщыхуейм. А щIыкIэм тету иджы хуагъэфащэ адыгэхэр зыщIыпIи къимыкIауэ, ауэ къапщтэмэ, домбеякъ лъэхъэнэм, ди эрэм и пэкIэ илъэс минищ-минитIым къызэщIаубыдэм, ахэр Ищхъэрэ-Къухьэп1э Кавказым ису щытауэ, адыгэхэр Кавказым и автохтон (нэгъуэщI щIыпIэ къимыкIыу езы щIыпIэм къыщыхъуа жиIэу аращ) лъэпкъхэм ящыщ зыуэ. 
Мы Iуэху еплъыкIэр гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым, ауэ абыи Iуэхур зэрыщытыр нэгъэсауэ зэхигъэкIыркъым. Дэ дызэреплъымкIэ, адыгэхэми я этногенезыр щыбубзыхукIэ нэхъ тэмэмщ иужь зэманхэм Анчабадзе З. В., Инал-ипэ Ш. Д., Мелиишвили Г. А. сымэ абхъазхэр, абыхэм къадэкIуэу адыгэхэри (абхъазхэр Закавказьем и къухьэпIэ лъэныкъуэм щопсэу, адыгэхэмрэ абыхэмрэ пасэм зэлъэпкъ-зэблагъэу щытащ) иныкъуэхэр автохтону, иныкъуэхэри къэIэпхъуэу къэхъуауэ зэралъытэр. Апхуэдэ гупсысэкIэм зы лъэныкъуэкIэ егъэдурыс Къухьэп1э, Ищхъэрэ-Къухьэп1э Кавказым ис лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыавтохтоныр, нэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи ар пэрыуэркъым адыгэхэр лъэпкъыу щызэфIэувэм хэхэс лъэпкъ гуэрхэри къахэшыпсыхьынкIэ зэрыхъуну щытам. 
Мы зэманым щIэныгъэлIхэм къызэрахутэмкIэ, жыпIэ хъунущ адыгэхэр Къухьэп1э Кавказым ди эрэм и пэкIэ илъэс мин ещанэм къыщыщIэдзауэ щыпсэууэ. Абы и щыхьэтщ антропологиери, этническэ зэхэтыкIэри, тхыдэм къыщIэна тхыгъэхэри, щIыпIэцIэ, псыцIэхэри.
 Ещхьыркъабзэу абы щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIа археологическэ культурэхэм Ищхъэрэ-Къухьэп1э Кавказым зэпыщIэныгъэу щаIэри, и кIэ къихуамэ, домбеякъ лъэхъэнэм и щIэдзапIэхэм къыщыщIэдзауэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Мейкъуапэ культурэкIэ дызэджэм (апхуэдэу щIыфIащар Мейкъуапэ къалэ и Iэшэлъашэхэм 1897 гъэм урыс археолог Веселовский Н. И. къыщитIэщIа Iуащхьэм и фIыщIэщ) адрей археологическэ культурэхэм пыщIэныгъэу хуаIэ, абы къыщIэкIа хьэпшыпхэм я щIыкIэ, щытыкIэр. 
Апхуэдэущ абы зэреплъыр кавказовед цIэрыIуэхэу Крупнов Е. И., Лавров Л. И. сымэ, нэгъуэщIхэри. Мы зэманым IупщIу убзыхуащ ди эрэм и пэ илъэс мин ещанэм къыщыщIэдзауэ Ищхъэрэ-Къухьэп1э Кавказым ис лъэпкъхэм я зэхэтыкIэкIэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ зэрамыгъуэтар. Уеблэмэ, ди эрэм и пэ илъэс мин етIуанэр, мин езанэр щекIуэкIым мыбы къэкIуауэ щыта къэжэрыбзэ зыIулъа киммерийцхэм, скифхэм, сарматхэм, нэгъуэщIхэми Псыжь Iуфэ Iyca лъэпкъхэм я культурэм хуещIаIакъым. 

Поделиться: