Анэшхуэхэр зэпоуэ

Бахъсэн ­районым и къуажэхэм щызэхэтащ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къихьэным хуэгъэпса пшыхьхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыт Кыщпэк къуажэ клубым щрагъэкIуэкIа «А, ну-ка, бабушки!» зэпеуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм анэшхуэхэм гъэ­щIэгъуэну хузэхалъхьат ахэр зэрызэхьэзэхуэну щIыкIэр.

ХьэгъуэлIыгъуэм и егъэкIуэкIыкIэм, абы къы­зэрырагъэблагъэ псалъэхэм, щыжаIэ хъуэ­хъухэм хухэха Iыхьэхэр хэтт къэпщытэныгъэхэм. Апхуэдэуи бзылъхугъэхэр зэпеуащ гущэкъу уэ­рэдхэр, Iуэтэжхэр, псалъэжьхэр, адыгэ уэрэ­дыжьхэр жыIэнымкIэ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ жьакIуэу зэрыпсэлъэфыр, лъэпкъ хабзэм фIыуэ зэрыхащIыкIыр.
ЗэIущIэм и зы Iыхьэт адыгэ шхыныгъуэ гъэ­хьэ­зырынри, абыи зыкърагъэлыжакъым. Ахэр зэрапщэфIым и щэхухэр къызэхуэсахэм жраIащ, лъэпкъым и дежкIэ абыхэм мыхьэнэуи яIэри дыщIагъуу.
Зэхьэзэхуэм хэтахэм я зэфIэкIыр къапщытащ Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм. Абыхэм къыхагъэщащ Кыщпэк щыщ бзылъхугъэхэм зэчий зэрабгъэдэлъыр. «Нанэ пэрыт» Iыхьэм щытекIуащ Гъуэщокъуэ Тае, «Нанэ Iущ»-щ БжэныкIэ Людэ, «Нанэ хабзафIэр» БжэныкIэ Светэщ. Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэмадокъуэ Зерэ фIыщIэ яхуищIащ нанэ Iумахуэхэм икIи къалэ­жьа щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритыжащ.

 

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: