«Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ»

«Ладья» шахмат-шашка клубым шахматымкIэ щекIуэкIащ Иуаз Астемыр и «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» зыфIища и проектым и япэ Iуэхур. Мы гъэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм абы ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агенствэм и грант къыщихьащ. Iуэхур хуэунэтIащ зи узыншагъэ хуримыкъу сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ гулъытэ етыным, ахэр шахматым дегъэхьэхыным. Мастер-классым кърихьэлIащ Налшык къалэм и еджакIуэ цIыкIу куэд. Абыхэм яхэтт шахматым и хабзэхэм щыгъуазэхэри, абы дихьэхагъащIэхэри. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэзащ, шахматымкIэ дерсхэр драгъэкIуэкIащ зи Iэ, зи лъакъуэ къыдэмыбзхэм я деж дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуа Джэдгъэф Чэмал, шахматымкIэ сабий тренер-гъэсакIуэ, Европэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм и гупым хэту Европэм пашэныгъэ къыщызыхьа Щыхьмырзэ ФатIимэ, ФИДЕ-м спортымкIэ и мастер, шахматымкIэ республикэм куэдрэ чемпион щыхъуа Темыркъан Давид сымэ. ЕджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ шахматым и тхыдэм, щагъэгъуэзащ а спорт лIэужьыгъуэм къыщагъэсэбэп Iэмалхэмрэ хабзэхэмрэ, фIыуэ джэгуу загъэсэн папщIэ зэджэн хуей тхылъхэм. Мастер-классым хэтахэм ящыщ куэдым шахматымкIэ гупжьейхэм зыхрагъэтхащ. ДяпэкIэ къэблэгъэну мазитIым къриубыдэу «Дызэщхькъым, ауэ дызэхуэдэщ» Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм интернат-школхэм щеджэхэу зи узыншагъэ хуримыкъухэм яIущIэнущ. Абыхэм ящыщу гукъыдэж зиIэхэр хагъэхьэнущ шахматымкIэ ирагъэкIуэкIыну зэпеуэхэм. Ар теухуауэ щытынущ зи узыншагъэ хуримыкъухэм я махуэм, илъэс къэс, дыгъэгъазэм и 3-м ягъэлъапIэм.

Гъуэт Синэ.
Поделиться: